Лъэпкъ цей

 Илъэсищэ гъуэгур (апхуэдиз къикIуащ «Адыгэ псалъэм»)  гъуэгуанэ кIэщIкъым, абы, дауи, дэгъэзеигъуи егъэзыхыгъуи и мащIэкъым. Ди бзэкIэ къыдэкI а зы газет закъуэм къикIуар сыт хуэдизми, и фащэр нэхъ дахэ хъууэрэ нобэ къызэрысар уримыгуфIэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ. Дауи щIыи, «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэмрэщ ди бзэкIэ республикэм къыщыдэкIыр, тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьэхэм я  гугъу умыщIмэ.  
 «Ленин гъуэгу» цIэр зэрихьэу щыщытам къыщыщIэдзауэ газетым и лэжьакIуэ телъыджэ куэд соцIыху, ноби «Адыгэ псалъэ» зыфIащыжам щыIэхэр я къару емыблэжу я лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтми сыщыгъуазэщ. 
 Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, газетым и Iуэхур мафIэ зэщIэгъэнащ икIи псори нэхъ зэджэщ. Псалъэр дахэжыIэлэ сымыщIу жысIэмэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд илъэс куэдкIэ игъэлэжьа, иджыпсту Жыласэ Заурбэч и унафэм щIэт журналистхэм, газетым и адрей лэжьакIуэ псоми фIыщIэ яхуэфащэщ. 
 АдэкIэ псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт: «Адыгэ псалъэр» политикэ органым епхами, пыухыкIауэ жысIэмэ, мыр зи «Iэ» дэни нэс газетщ! Ди жагъуэ хъур зыщ: газетыр и чэзум щIэджыкIакIуэхэм я деж нэсыркъым, ар зи лажьэр, шэч хэмылъу, къуажэ къэс щыIэ пощтырщ. «Адыгэ псалъэр» нобэрей Къэбэрдейм и гъуджэщ, а гъуджэм къощ дахагъэ куэд - лъэпкъым къикIуар, зрикIуэну гъуэгур. Адыгэ тхыдэмрэ адыгэ гъащIэмрэ ятеухуа тхыгъэхэм газетым и напэкIуэцIхэр ягъэбжьыфIэ, Iэджэми урагъэгупсыс, гущхьэ гъэсэкIэм (духовное воспитание) убгъэдашэ. ЦIэрэ щхьэрэ иIэу адыгэм къахэкIа псоми мы газетыр я плъапIэщ.
 Мы хъэрэмэхъищэу зэхэлъ дунейм и дахапIэ адыгэ хэкум и джакIуэ «Адыгэ псалъэр» лъэпкъым ди гъуощи, абы дригуфIэу, дригушхуэу, и пщIэм зиIэт зэпыту и гъуэгуанэр кIыхь хъуну сохъуэхъу, адыгэбзэр щиху дэжейуэ егъэкIэкIауэ. 
 «Адыгэ псалъэр» лъэпкъ цейщи – и дунейри абы ещхьыжу дахэ ухъу! 

ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, композитор.
Поделиться: