Урысей чемпионатри Налшык щекIуэкIынущ

Республикэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Лъэпкъ гвардиемкIэ и дзэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ и чемпионат. Зэхьэзэхуэхэм хэтащ IуэхущIапIэхэм, дзэ частхэм, оперативно-щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я щIыналъэ управленэхэм я спортсмен нэхъ лъэщхэр. 
Я хьэлъагъ елъытакIэ ахэр гупийуэ гуэшауэ щытащ. Чемпионатым бжьыпэр щиубыдащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и командэм. Дагъыстэн Республикэм и гупыр етIуанэщ, «домбеякъыр» лъысащ Грознэм къикIа командэм. 
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ хуагъэфэща дамыгъэхэр иратыжащ Урысей гвардием и къудамэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм къулыкъу зыщIэхэм я Iэпкълъэпкъхэр псыхьынымрэ спортымкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полковник Бунин Сергей, Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и штабым и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Кузьмин Игорь, щIыналъэ управленэм и СОБР-м и унафэщI, полицэм и полковник Берелидзе Пётр сымэ. 
 ТекIуахэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуэнущ мы гъэм мазаем Налшык щызэхэтыну урысейпсо зэхьэзэхуэм.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: