Ахъшэ щIыхуэкIэ ядоIэпыкъу

Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьа «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI республикэм а IэнатIэм зыщегъэужьыным, хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ, я щхьэ хуэлэжьэжхэмрэ я Iуэхухэр зэрыдагъэкIын мылъкукIэ защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ.
Хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ пэрытхэм зэрыхудачых хабзэхэм тет кредит ахъшэхэр щIыналъэм щызыт фондым апхуэдэхэм сом мелуанитхум нэблагъэ, я щхьэ хуэлэжьэжу зезыгъэтхахэм сом мин 500-м нэблагъэ ярет илъэсищ пIалъэкIэ.
  2023 гъэм фондым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ пэрытхэмрэ, я щхьэ хуэлэжьэжу зезыгъэтхахэмрэ, псори зэхэту 174-м, зэгурыIуэныгъэу 214-рэ ярищIылIащ икIи сом мелуан 28,1-рэ абыхэм яритащ.
2024 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу я лэжьыгъэ IуэхукIэ фондым худэчых зыхэлъ кредит ахъшэхэр къыIахащ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэхэм хуэдэхэм ящыщу 433-м. Абыхэм я нэхъыбэр бизнесым къыхыхьагъащIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: