ХьэрычэтыщIэхэм я Iуэху дегъэкI

Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьауэ, УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Белоусов Андрей и нэIэ щIэту мэлажьэ «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэр. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым «Си хьэрычэт Iуэху» щIыналъэ центрым а IэнатIэм пэрытхэм Iуэхутхьэбзэу мини 4,7-м яхуищIащ блэкIа илъэсым.
Центрым чэнджэщ, информацэ, методикэ, егъэджэныгъэ дэIэпыкъуныгъэхэр ярет бизнесым илъэс куэд хъуауэ хэтхэм ямызакъуэу, абы къыхыхьагъащIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ. Псалъэм папщIэ, ядоIэпыкъу цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр хэIущIыIу щIынымкIэ, бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэр къэзыгъэсэбэп сату щIыпIэхэм ахэр щыгъэлъэгъуэнымкIэ, бизнес-планхэр яхузэхэгъэувэнымкIэ, кърахьэжьа IэнатIэм хэхъуэ къариту яхузэтеублэнымкIэ, ди къэралым имызакъуэу, хамэ хэкухэми щызэхашэ жармыкIэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи.
2023 гъэм къриубыдэу «Си хьэрычэт Iуэху» щIыналъэ центрым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ хэтхэм Iуэхутхьэбзэу 4751-рэ яхуищIащ, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм - 754-рэ. Апхуэдэуи ядэIэпыкъуащ бизнесым къыхыхьэну жэрдэм зыщIа цIыху 1202-м. Физлицоуэ зезыгъэтхауэ хьэрычэт IэнатIэ пэрытхэм ящыщу центрым Iуэхутхьэбзэ зыхуищIар 248-рэ мэхъу.
 Президентым къыхилъхьа лъэпкъ пэхуэщIэм щыубзыхуахэр ягъэзащIэкIэрэ, ди республикэм щыIэ центрым хузэфIэкIащ щIыналъэм и хьэрычэтыщIэхэр республикэм, Урысейм, хамэ къэралхэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хигъэтын, я лэжьыгъэхэр зыхуэдэхэр щаригъэгъэлъэгъуэн.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: