НЭХЪЫЖЬХЭМ Я ГЪАЩIЭР И ГЪУАЗЭУ

Зеикъуэ къуажэм щыпсэу нэхъыжьхэм ящIэж а жылэм пщIэрэ щхьэрэ иIэу дэса Къэрмокъуэ Псэбыди абы и къуэ Мэлили - тIури лэжьакIуэшхуэт, хьэлэлхэт, адыгагъэр псом япэ ирагъэщу къэгъуэгурыкIуат. Адэмрэ адэшхуэмрэ я гъуэгум ирикIуащ абыхэм я щIэблэ Мухьэмэди.

Пасэу, пэщIэдзэ классхэм щыщIэсым, Мухьэмэд къыхихакIэт зыхуеджэну IэщIагъэр. ИкIи къуажэм дэт курыт школыр къиуха нэужь, Налшык къокIуэри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIотIысхьэ. Зоотехник IэщIагъэр зыгъуэта щIалэщIэр Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм Тэрч районым егъакIуэ.

И нэхъыжьхэр я IэнатIэхэм псэ къабзэкIэ зэрыбгъэдэтам фIыуэ щыгъуазэ Мухьэмэд къэзылъхуахэм я щапхъэр сыт щыгъуи и гъуазэу щытащ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыхуамыгъэлъэгъуами, Iэпэдэгъэлэл щищIа къэхъуакъым. Тэрч щIыналъэм здэщыIэм, опытнэ станцым щылажьэу, ар ягъэкIуат IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ щызэхъуэжэн папщIэ ВДНХ-м къызэригъэпэща къэралпсо семинарым. Абы Мухьэмэд щищIа докладыр нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къалъытэри, «Москвич» автомашинэ тыгъэ къыхуащIауэ щытащ, ахъшэ саугъэт щIыгъуу.

Тэрч щIыналъэм мэл лъэпкъыфI гъэхъуным щелэжьу щыIэт «Малэ-Къэбэрдей» хозяйствэр. Абы и директорыр зэрахъуэкIын хуей щыхъум, республиэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ район унафэщIхэмрэ зэгурыIуэри, а къулыкъур Къэрмокъуэм хуагъэфэщащ.   

ЩIагъуэ мычэму илъэсипщIкIэ а IэнатIэ гугъум пэрытащ Мухьэмэд. Пэрытащ щхьэх-езэш имыщIэу, совхозым и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъуным, жылэр арэзы зэрищIыным и акъыли, и щIэныгъи щхьэузыхь хуищIу. Ауэ, гува-щIэхами, и жылэжьым е абы нэхъ пэгъунэгъуу къимыгъэзэжу хъунутэкъыми, апхуэдэу ищIащ.

 ЦIыхум и ныбжьыр кIуэтэху, и илъэсхэм хэхъуэху нэхъыбэрэ зэплъэкIыж, и сабиигъуэр, и щIалэгъуэр, къызыдэхъуахэр, гъащIэ гъуэгуанэм къыщыдэщIыгъуахэр нэхъыбэрэ игу къыдридзеиж хабзэщ. Дауи, и щIалэгъуэ-къару илъыгъуэр щигъэкIуа, Тэрч щIыналъэм щыщыIа илъэсхэм ириплъэжмэ, Къэрмокъуэм фIыкIэ игу къигъэкIыжын и мащIэкъым.

IэнатIэ щхьэхуэ Iумытыжми, Къэрмокъуэ Мухьэмэд ноби Iуэхуншэкъым. Ар хэтщ Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм и жылагъуэ советым. Абырэ и щхьэгъусэ Iэминатрэ зэдапIащ бынищ: Каринэ, Маринэ, Анзор сымэ. Абыхэм къащIэхъуэжауэ сабиих яIэщ. Анзор юристщ, Аруан районым судыщIэу щыIэщ. И IэщIагъэм теухуауэ Ставрополь дэт аспирантурэм щеджащ, мы зэманым кандидат лэжьыгъэм иужь итщ. Апхуэдэщ Къэрмокъуэ Псэбыдэ и щIэблэр - зэман зыхэпсэухьым екIурэ ещхьу хэту, пщIэрэ щхьэрэ яIэу догъуэгурыкIуэ.

ШАФИЙ Аслъэн.

 

Поделиться: