Псы къабзэ яIэн папщIэ

         Iуащхьэмахуэ лъапэ щыпсэухэмрэ мин бжыгъэкIэрэ ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэмрэ папщIэ псыр зэрагъэкъабзэ,  къагъэсэбэпар зэрыIуаш ухуэныгъэхэр къыщагъэщIэрэщIэж щIыналъэм - километр 12-м щIигъум бжьамийхэр, кIэнауэхэр, хьэкхъуафэхэр щIэуэ далъхьэ. А лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «КИФЩI-м зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

ЦIыху мин 22-м щIигъу щыпсэу Тырныаузрэ абы къедза жылэхэмрэ санитар-эпидемиологие шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ кърахьэжьа лэжьыгъэшхуэр. Къалэдэсхэмрэ а щIыпIэм щыIэ турист ухуэныгъэхэмрэ псори зэхэту зы жэщ-махуэм къриубыдэу псыуэ кубометр мини 10-м щIигъум хуэныкъуэнущ.

         Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.

                                                                  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: