ГъавэщIэм телажьэуКъэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыхьэсэм ирагъэубыдащ гектар мин 70,6-рэ. Нэгъабэ диIам елъытауэ ар проценти 102-рэ мэхъу. Абы щыщу гъавэм хухахащ гектар мин 65-р, рапсым гектар мин 51-р, Iэщым щхъуантIэу ирагъэшхыну къэкIыгъэхэм - гектар 0,5-р. Жылапхъэу къагъэсэбэпахэр ди къэралым къыщагъэкIащ, республикэм и щIыналъэхэм я щIым и щытыкIэм теухуауэ зэхадзауэ щытащ. Бжьыхьэсэр щрагъэкIуэкIым щIыгъэпшэрхэр ирикъуу дыхалъхьащ. IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, илъэсыр щиухым дунейм и щытыкIам и сэбэпынагъ жылэхэм екIащ, ахэр нэхъ псынщIэу щIым хиубыдащ, зэкIэщIэкIыни щIадзащ.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|