Мэзыр хьэуа къабзэм и «къэгъэхъуапIэщ»

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм «Экологие» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм и мэзхэм ящыщу гектари 117-м жыгыщIэ цIыкIухэр щагъэтIысынущ, жылэхэр щыхащIэнущ.

ЦIырхъ хъуа мэзыр жыгыщIэхэмкIэ зэтрагъэувэжын щхьэкIэ ахэр щыхасэнущ гектар 62-м, жылэ зытрапхъэнумрэ цIыхур хэмыIэбэу езыр-езыру зэтрагъэувэжынумрэ гектар 52-рэ хъунущ. А лэжьыгъэхэм хухахащ сом мелуани 9,7-рэ.

Дызэрыт илъэсым и бжьыхьэм къапщытэнущ ирагъэкIуа лэжьыгъэр зыхуэдэр, жыгыу хащIам щыщу щIым хиубыдам и куэдагъыр зэхагъэкIын папщIэ. ИкIи, псалъэм къыдэкIуэу, псори зэхэту щIым хэкIар процент 90-м щIимыгъумэ, иджыри гектар 50-м жыгыщIэхэр мы гъэм щыхасэжынущ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: