Лъэпкъ пэхуэщIэр мэлажьэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэр нэхъыбэу шызэхуэс, зыщагъэпсэху щIыпIэу 27-рэ къызыхуэтыншэу зэIузэпэщ щащIынущ. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэмрэ абыхэм яIэну теплъэхэмрэ яубзыхун щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа IэIэтым хэтащ республикэм и цIыху мин 75-м нэблагъэ.

ЦIыхухэр нэхъыбэу шызэхуэс щIыпIэхэм ящыщу мы гъэм япэ ирагъэщу зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэу 8 къыхахащ. Абы нэмыщI, «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ апхуэдэ щIыпIэу иджыри 19 Налшык къалэмрэ республикэм и щIыналъэхэмрэ зыхуей щыхуагъэзэнущ.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьа «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: