Жылагъуэ

Илъэсищ къыпоплъэ

УФСБ-м къет

  Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ Налшык къалэм    Iэщэрэ абы и пкъыгъуэхэмрэ  щащэу.   

 Уголовнэ Iуэху къаIэтащ кIэрахъуэрэ абы и пIэтIрон зэмылIэужьыгъуэу  350-рэ къызыкъуаха щIалэм хуэгъэзауэ. УФ-м и Уголовнэ кодексым и 222-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм  къыщыгъэлъэгъуа  щIэпхъаджагъэ зылэжьар  илъэси 3-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.

Хы псэущхьэхэр мащIэ хъуащ

Иужьрей зэманым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щокIуэдыж. ЩIыуэпсымрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыр фIей зэрыхъуам, кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыхадзэм къыхэкIыу, бдзэжьейхэм лъышэ (кислород) яхуримыкъуурэ, холIыхьри, тафэм къытредзэж. А Iуэхум хэкIыпIэ гуэри имыIэу щыткъым, ауэ ар гъэзэкIуэжыным зэманышхуэ ихьынущ.

Къуэды ипшынынущ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ Аруан районым щыпсэу Бэрэздж А. Т. щIыуэпс газ кубометр мин 46-м щIигъу зэридыгъуар.  

Май районым и Судым  и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Бэрэздж А. Т. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «б», «в» пунктхэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ икIи къуэды ипшыныну тралъхьащ.

ИлъэсыщIэр шынагъуэншэу

Дыгъэгъазэм и кIэух щIышылэм и пэщIэдзэ махуэхэм мафIэсу къэхъур щынэхъыбэщ, мафIэм хуэсакъын, зыщыхъумэн зэрыхуейм зэремыл

Адрейхэм къащхьэщокI

Иджыпсту я чэзущ псчэ, пыхусыху, игъащIэм щыIам хуэдэу, абыхэм захэзыгъэзэгъа ковид узхэм. ИджыпстукIэ ахэр цIыхухэм нэхъ тыншу япкърыкI хуэдэщ, ауэ урысей дохутыр щIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, абыхэм къагъуэтащ иджыри къэс щымыIа нэгъуэщI зы щIыIэ уз. Абы цIыхухэр мазищ енкIэ иIыгъщ.

ДжэдыкIэм и уасэр аргуэрыжьу яфIыщIопхъуэ

Къэралым ерыскъым  я уасэр  процент 1,55-кIэ щэкIуэгъуэ мазэм хэхъуауэ щытмэ, а мазэ дыдэм къриубыдэу джэдыкIэр процент 15,7-кIэ нэхъ лъапIэ хъуащ.

УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и федеральнэ къулыкъум (Росстат) къызэритамкIэ, 2023 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу къэралым и щIыналъэ 18-м джэдыкIэм и уасэр щыдэкIуеящ процент 1 - 10-кIэ, щIыналъэ 46-м - проценти 10 - 20-кIэ, щIыналъэ 21-м - процент 20,1 - 28,6-кIэ. Уебламэ, иужьрей тхьэмахуитIым къриубыдэу, къэралым и щIыналъэ зыбжанэм джэдыкIипщIым я уасэм сом 200 жаIэ хъуащ. 

Ахъшэр зэзыгъэзахуэхэмрэ зымыбжхэмрэ

2023 гъэм Урысейм и компаниехэм ящыщу тIу къэс зым и лэжьапщIэ фондым хигъэхъуащ. «Работа. ру» аналитикэ IуэхущIапIэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ ар. ЩIэупщIэныгъэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я компаниеу 400-м щIигъу.

Лэжьыгъэр зыхуэунэтIар

ЩIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ лъэпкъми езым и жыпхъэрэ щапхъэрэ иIэжщ. Ар зэлъытар абы и цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэмрэ жылагъуэм щытепщэ гупсысэмрэщ. Нобэ,  дунейм зыщихъуэж зэманым,  гъэсэныгъэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ. Ауэ сыт хуэдэ лъэхъэнэми адыгэхэм ди дежкIэ нэхъыщхьэу щытын хуейр лъэпкъ хабзэ, нэмыс зыхэлъ щIэблэ къытщIэхъуэнырщ. Гъэсэныгъэри зыхуэгъэпсауэ щытын хуейри аращ.

ИлъэсыщIэ гукъыдэжхэр

ИлъэсыщIэр кърагъэблэгъэну абы пэплъэхэм, зыхуэзыгъэхьэзырхэм я бжыгъэм илъэс къэс кIэрыху зэпытщ. Мы гъэм, къэралым и цIыхухэм щыщу, гуфIэгъуэ Iэнэхэм пэрысу абы пежьэн мурад зиIэхэр зэрыхъур процент 25-щ. Ар проценти 2-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Ауэ, къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, илъэсыщIэм цIыхухэм хуаIэ гукъыдэжыр гъэ къэскIэ нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэ. Псалъэм папщIэ, 2012 гъэм илъэсыщIэр къезыгъэблэгъэну абы зыхуэзыгъэхьэзырахэр процент 46-рэ хъууэ щытащ. 2015 гъэм а бжыгъэм кIэрыхури, къэнэжар процент 30-щ.

Адыгэбзэр я псэм хэлъу

 Анэдэлъхубзэр егъэджыныр къыхэзых дэтхэнэми, сызэригугъэмкIэ, гъащIэмрэ щIэблэмрэ хуаIэ щытыкIэр нэгъуэщIщ. Япэрауэ, ахэр иропIейтей я анэдэлъхубзэм жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ гулъытэмрэ. Абы къыхэкIыу я къару псори ирахьэлIэ лъэпкъыбзэр шэрыуэу зыIурылъ, ар фIыуэ зылъагъу икIи зылъытэ щIэблэ адэжь щIыналъэм къитэджэным. Апхуэдэу абыхэм, егъэджакIуэ нэсыр зэрыщытын хуейм хуэдэу, сабийхэр фIыуэ ялъагъу, дэтхэнэ сабийми псэм IункIыбзэIух къыхуагъуэтыфу, я гурыщIэхэмрэ гурылъхэмрэ езыхэми зыхащIэфу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ