Жылагъуэ

ФIагъым и пщалъэхэм хуокIуэ

Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я шынагъуэншагъэр «Росздравнадзор»-м и жыпхъэ щхьэхуэхэмкIэ къапщытэ. Апхуэдэу цIыхухэм фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыхуащIэм щыхьэт техъуэ къэрал тхылъхэр къаIэрыхьэжащ Перинатальнэ центрым, Лъы щат станцым, Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м, №2-м, Прохладнэ район сымаджэщым, Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым, Бахъсэн, Тэрч къалэхэм щылажьэ стоматологие поликлиникэхэм.

Хьэрычэт щIэным хэлъ гугъуехьхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм хьэрычэт щыщIэн Iуэхум теухуа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Урысей Федерацэм и Налог къулыкъум и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и ШэсыпIэ фонды» я лIыкIуэхэр, унафэщIхэр.

НэхъыфIхэм хабжащ

ЩэкIуэгъуэр уэфIу зэрекIуэкIам и фIыгъэкIэ, Iуащхьэмахуэ и лыжэ къэжыхьыпIэхэр зы мазэкIэ нэхъ пасэу къызэIуахащ. Апхуэдэу мы махуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаутIыпщащ «Архъыз» кIапсэ гъуэгухэри. Iуэхум кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм проценти 10-кIэ хэхъуэну хуагъэфащэ икIи ар куэдкIэ и фIыгъэщ, «Туризмэмрэ гъэхьэщIэкIэмрэ» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу, Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм зегъэужьыжыным халъхьэ инвестицэхэр хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуам.

Лотерее джэгухэм я гуащIэгъуэм

XVIII лIэщIыгъуэм къэунэхуащ япэрей лотереехэр. Ар къэрал мылъкум папщIи хэхъуэт, псапэ ирипщIэнуи кърагъэзэгъырт. 1829 гъэм сом 500 нэхъыбэ тыгъэу къыщахь лотереехэр ирагъэкIуэкIын папщIэ пащтыхьым хуит зыкърагъэщIын хуейт. Мылъкур нэхъ мащIэмэ, министрым и арэзыныгъэ хилъхьэрт.

IэфIу, къэуату щIакхъуэ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм. Зыгуэрым зэрымыщIэкIэ хьэку дакъэм къытринат псыкIэ зэхэщIа хьэжыгъэр – ар игу къыщыкIыжам хупцIынэр дахэу тэджат. Абдежым къыщыгурыIащ хупцIынэ гъэтэджакIэ гъэжьар зэрыкъэуатым. Пасэрей Мысырым щIакхъуэм пщIэшхуэ щыхуащIырт. Тхыгъэм деж ар дыгъэр къызэрагъэлъагъуэ иероглифымкIэ къыщагъэлъагъуэрт - хъурейм и кум зы IэпапIэ иIэу.

ГъэщIэгъуэнщ мы уэсыр

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ. Метеорологхэу Магоно Чожирэ Ву-Ли Чунгрэ уэс налъэхэр зэтепщIыкIыу жаIэ тхыпхъэ 81-уэ. Тхыпхъэхэм я щIыкIэр нэхъыбэу елъытащ температурэм. Псом нэхъ дахэу тхыпхъэ къищIу жаIэ градус 15 щIыIагъ щыщыIэм деж. Уэс налъэ гъущэр, уэс псыфым къыщхьэщокI, абыхэм языхэзми и кум сабэ зэрырищIэмкIэ. ЩIылъэм щехуэхкIэ а сабэ цIыкIум и хъуреягъкIэ мыл къещI. А мыл къищIым и теплъэрэ и тхыпхъэрэ хъунур елъытыжащ хьэуам иIыгъ щIыIагъымрэ псыIагъымрэ, жьым и хуабжьагъым. Уэс налъэхэр щIым къох хуэму - сыхьэтым къриубыдэу километр иримыкъу хуэдизкIэ.

Зауэ лъэхъэнэм

Зауэ гъуэгуанэр кIыхьащ икIи гугъуащ. ПсэзэпылъхьэпIэ мащIи иришакъым абы ХьэфIыцIэ Хьэзиз. Краснодар, Кърым, Севастополь, Керчь, Сапун-Бгы, Бодайскэ куэбжэ… Зауэ гуащIэ щекIуэкIащ а щIыпIэхэм. Ахэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Хьэзиз и нэпсыр къыфIекIуэрт. Ар цIыху быдэт, жыру япсыхьа фIэкIа умыщIэну, къэдзыхэу аратэкъым, атIэ къэзыгъэхашэр зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм лъэ увыпIэ умыгъуэту щикъухьа сэлэт тхьэмыщкIэхэм я хьэдэхэм ящхьэщыта гъуэз фIыцIэмрэ гынымэ гуащIэмрэ къыщIихьэжри, гынымэ дыджыр и Iум кърихьэжати аращ.

Я фэеплъыр ягъэлъапIэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ Ветеранхэм я советым щыщхэмрэ НКВД-м и 11-нэ дивизэм и 278-нэ фочауэ полкым и зауэлI мыцIыхуитIым, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къалэр яхъумэу хэкIуэдахэм, я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.

Май щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ. Жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри. Апхуэдэу, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, Май щIыналъэм и жылагъуэ зыбжанэ зэпха Шэрэджыпсым телъ лъэмыжми, Май къалэ - Заречнэ - Новоивановскэ жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгуми я зэгъэпэщыжыным лэжьыгъэшхуэ иращIылIащ.

Президент хэхыныгъэхэр къоблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы къыщызэрагъэпэщащ 2024 гъэм къэралым щызэхэтыну Президент хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъын, ныкъусаныгъэ хэлъхэр сэтей къэзышIын ЩIыналъэ жылагъуэ штабыр. ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ штабым хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэм, апхуэдэуи абы и зэхэлъыкIэнумрэ зэрылэжьэну щIыкIэмрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ