Жылагъуэ

ИлъэсыщIэм епха гъэщIэгъуэнхэр

ИлъэсыщIэр къыщыблагъэкIэ псейхэр куэду ираупщIыкI, ящэху, ягъэщIэращIэ.

И Iэпэм дыщэ къыпощ

Илъэси 160-рэ хъуауэ ди лъэпкъэгъухэр Тыркум щопсэу, лъабжьэ быдэ щащIауэ. А къэралым и сыт хуэдэ щIыпIэ укIуами адыгэ цIыху уIущIэнущ е ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа хъыбар щызэхэпхынущ. Политикэм, экономикэм, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, гъуазджэм - сыт хуэдэ IэнатIи адыгэхэр щолажьэ. Сыт хуэдэ Iуэху ящIэми, щытхъу пылъу ягъэзащIэ.

И пэжыпIэр къалъыхъуэ

Испанием и къалащхьэ Мадрид дэт университетым и психологхэм псалъэмакъ кIыхь драгъэкIуэкIащ зи ныбжьыр илъэсищэ ирикъуа е абы щхьэдэха цIыху куэд дыдэм, абыхэм я гъащIэмрэ я дуней тетыкIэмрэ зыщагъэгъуэзэн мурадкIэ. КъызэрахутамкIэ, ахэр апхуэдизрэ псэуныр я хьэл-щэным куэдкIэ елъытащ. ГъащIэ кIыхь къэзыгъэщIа цIыхухэр сыт щыгъуи жану, набдзэгубдзаплъэу, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу, цIыхум зыдрагъэкIуу, яхуэпщIэр фIыщIэ ящIу, гугъуехьхэми иримытхьэусыхэу, пэжагъ яхэлъу, Iущхэу, еджэн яфIэфIу къэгъуэгурыкIуащ. 

Япэ итахэм ящыщ еджагъэшхуэ

Тхыдэдж щыпкъэ, социологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгей  къэрал университетым и профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик АфэщIыж Тыркубий Индрис и къуэр  (1937-2022) ди лъэпкъым и IэщIагъэлI  цIэрыIуэхэм ящыщащ. Адыгэ Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник АфэщIыж Тыркубий  и Iуэху зехьэкIэ пэрытым, бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ фIыуэ щыщыгъуазэщ Урысей Ипщэ щIыналъэм икIи  пщIэшхуэ къыщыхуащIу екIуэкIащ.  Илъэс хъуащ а щIэныгъэлI щыпкъэр дунейм зэрехыжрэ.

Гум имыхуж зэман

 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр ди къэралым и тхыдэм къызэщIиубыдэ лъэхъэнэхэм ящыщу нэхъ хьэлъэхэм, гугъухэм ящыщащ. А зауэер ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 80-м нэсами, ар зи нэгу щIэкIауэ щытахэм  ящIэж, я нэгуми щIэх-щIэхыурэ къыщIоувэж а зэман бзаджэр. Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ абы епха Iуэхугъуэхэмрэ и тхыгъэ куэд триухуэу щытащ ди газетым ныбжьэгъу пэжу иIа, «урыс лъэпкъым къыхэкIа  адыгэлIкIэ» куэд зэджэу, егъэджакIуэ щыпкъэу, гъэсакIуэ Iэзэу щыта  Коммодов Геннадий.

Дыгъэ бзийм и уасэр

ЩIыналъэфIхэр, дахэхэр дунейм щымащIэкъым. Апхуэдэхэм ящыщщ Кавказри: гъэм и зэманиплIыр и чэзум щызэблокI, дыгъэпсщ, щIыуэпс къулей иIэщ… АрщхьэкIэ щыIэщ дыгъэм и бзий хуабэхэр мазэ бжыгъэкIэ зытемыпсэ щIыналъэхэри.

Норвегие ипщэм и Рьюкан къалэм илъэс ныкъуэкIэ, Италием и Виганеллэ къуажэ цIыкIум мазищкIэ дыгъэр ялъагъуркъым. Ар къызыхэкIыр а щIыналъэхэр бгы лъагэхэмкIэ къаухъуреихьауэ зэрыщытырщ.

Фи щхьэцыр икIмэ

Бзылъхугъэхэр зыгъэгуауэщхьэуэхэм ящыщщ щхьэц къихуныр. Къапщтэмэ, дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм и кIыхьагъкIэ зэпымычу щхьэцыр къихум, абы ипэкIэ щIэ къикIэжурэ къэщIэрэщIэжу къигъэщIащ щIыуэпсым. Ауэ Iэрамэ-Iэрамэу къыхэлъэфымрэ мажьэм и дзэм жьэдэлъу къыхэбжьыкI закъуэтIакъуэмрэ зыкъым. Мис абдежщ гузэвэгъуэр къыщыпкIэщIэзэрыхьыр.

Аращи, щхьэцыр куэду икIыу гу зылъыфтэжамэ, псом япэ трихологым деж кIуэн хуейщ. Абы къихутэнущ икIи игъэхъужынущ щхьэц икIым щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Щхьэусыгъуэ хъункIэ хъунури куэдыщэщ.

Зэхэзехуэн хъуа гормонхэр

Япэрей кофер щыIэжкъым

  Европей зэгухьэныгъэм (ЕС) хэт къэралхэм дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм къащта унафэм ипкъ иткIэ абыхэм я хъумапIэхэм щаIыгъ кофе жылэхэмрэ какаомрэ тонн минищэ бжыгъэкIэ ягъэсыжынкIэ хъунущ. Апхуэдэ шынагъуэхэр къызыхэкIар жыгхэр мардэншэу щраупщIыкI, сабий лэжьыгъэхэр куэду къыщагъэсэбэп къэралхэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я щIыналъэхэм кърашэну хуитыныгъэ абыхэм ямыIэу къызэрыщыгъэлъэгъуарщ. 

Зы цIыху ныбжь 85 гъуэгуанэ

Прохладнэм щыIэ сабий унэ-интернатыр илъэс 85-рэ зэры­рикъум и щIыхькIэ, абы и гъэ­сэнхэм деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023»

«Синдика» хьэщIэщым дыгъэгъазэм и  8-м щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023» лъэпкъ зэпеуэм теухуа пресс-конференцэ. КъыжыIапхъэщ, зэ­пеуэр мы гъэм 27-нэу къы­зэ­рызэ­ра­гъэпэщыр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ