Жылагъуэ

Лэгъупыкъу

Лэгъупыкъур уафэм къоувэ уэшх ткIуэпсхэр дыгъэпсым къыщыпэцIум деж. Япэ дыдэу абы хэт плъыфэхэр къриIуауэ щытащ инджылыз математик, физик, астроном Ньютон Исаак. ЯпэщIыкIэ абы игъэщхьэхуащ плъыфитху: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щхъуэ, шакъафэ. ИужькIэ плъыфэхэм я бжыгъэр макъамэм и нотэхэм япэбжу къилъытащ. Лэгъупыкъур хъурейщ. Хъурей ныкъуэу ар щIэтлъагъур щIым диплъыкIыу абы дызэрыхудэплъейм къыхэкIыущ. Кхъухьлъатэм уису лэгъупыкъум уеплъмэ, ар зэрыхъурейр къэплъагъунущ.

ПсынщIэу зызыужь къалэ

Урысейм щыпсэухэм 2023 гъэм нэхъыбэу зыщагъэпсэхуну яфIэфIу къыхаха къэралхэм япэ увыпIэр зыIыгъыр, адрей илъэсхэми хуэдэу, Тыркурщ. Абы къыкIэлъокIуэ Египетыр. Ещанэ увыпIэр яIыгъщ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм. Иужьрейм хиубыдэ Дубай къалэм нэхъыбэу зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэмкIэ ди къэралым етхуанэ увыпIэр иIыгъщ - Оманым, Сауд Хьэрыпым, Индием, Великобританием я ужькIэ. 2022 гъэм и кIэм къапщытэжауэ зэрыщытамкIэ, Урысейм щыщу Дубай зыщызыгъэпсэхуар цIыху мин 758-рэ хъурт.

Лышхымрэ дезодорантхэмрэ

Зэманым декIур лIыфIщ жиIами, а зэманым къыздихь щIэщыгъуэхэр цIыхум къыщыхуэмысэбэпи щыIэщ. Уеблэмэ арыншэу гъащIэр ди нэгу къытхущIэмыгъыхьэу къыддекIуэкI хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ узыфэ мыхъужыныр къыщызэщIагъэуши къохъу.

Афыпс - Афы - Афыпсыпэ

Афыпс - Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж.

Емызэш мэшыбэ ещIэ

Бахъсэн къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм я зэIущIэ иджыблагъэ ядригъэкIуэкIащ.

Тутын уемыфэмэ, нэхъыфIщ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къызэрихутамкIэ, дунейм цIыху балигъыу тетым я Iыхьэ щанэр тутынафэщ.

Зи гупсысэхэр нахуэ

Хьэжнэгъуей Залинэ Налшык къалэ администрацэм «Къалэм и зыужьыныгъэмкIэ, курортхэмрэ туризмэмкIэ» и департаментым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ.

ЛэжьакIуэ зэрахуримыкъум къыхэкIыу

Иужьрей илъэсхэм, хабзэ хъуауэ, Урысейм и компаниехэм лэжьакIуэхэр къыщалъыхъуэкIэ, ахэр нэхъыбэу зыщIэупщIэр зы IэнатIэм пэрыту къалэн зэхуэмыдэу зыбжанэ зэдэзыхьыфынухэрщ. Псалъэм папщIэ, 2021 гъэм елъытауэ апхуэдэ лэжьакIуэ хуейхэм хуэдищкIэ хэхъуащ, процент бжыгъэкIэ - 181-кIэ. 
Зы IэнатIэм пэрыту лэжьыгъэ зыбжанэ зэуэ зыгъэзэщIэфынухэм нэхъыбэу щыхуэныкъуэщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэхэм, егъэджэныгъэм, ухуэныгъэм, финансым, мэкъумэшым, хьэщIэщым, шхапIэм, мэзым, пхъэм елэжьыным пыщIа IуэхущIапIэхэм. 

Сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ

Хъыбар гуапэ

«MACROPUS» сабий хьэпшып тыкуэнышхуэм щIэблэм ящыщу зи узыншагъэр мыщIагъуэм щадэлажьэ «Аутус» центрыр. 

Псейр

- Псейр дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщокI. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ