Сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ

Хъыбар гуапэ

«MACROPUS» сабий хьэпшып тыкуэнышхуэм щIэблэм ящыщу зи узыншагъэр мыщIагъуэм щадэлажьэ «Аутус» центрыр. 

Сабийхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэным, заужьыным щхьэпэ лэжьыгъэ пыухыкIа щокIуэкI абы. ЦIыкIухэр зи нэIэм щIэтыну IэщIагъэлIхэм абы гулъытэ щыхуащIынущ. Сабийхэм я шынагъуэншагъэм хуэщIа пэшхэр, иджырей Iэмэпсымэхэр центрым иIэщ. ЦIыкIухэм гуп-гупурэ зэрадэлажьэ дерсхэм Iэмал къарет ахэр зэпсэлъэну, зэрыцIыхуну. КъыжыIапхъэщ, сабий сымаджэхэми узыншэхэми, уеблэмэ балигъхэми абы зэрыщыдэлажьэр. 
- МазитI и пэкIэ центрым и бжэхэр зэIутхри, цIыкIухэм мастер-классхэр къахузэдгъэпэщащ. Сабийхэр я зэфIэкI щеплъыжащ сурэт щIыным, IэпщIэлъапщIагъэм, пщэфIэным ехьэлIауэ. Зэхыхьэ щхьэпэм цIыкIухэм я нэгу зыщрагъэужьащ, - жеIэ центрым и унафэщI Заммаевэ Iэсият. – Адэ-анэхэми Iэмал яIащ Урысейм и психиатр нэхъыфIу къалъытэ Осин Елисей я упщIэхэмкIэ зыхуагъэзэну, чэнджэщ щхьэпэхэр къаритыну. Сабийхэми балигъхэми яхуэщхьэпа зэIущIэр къызэрыдэхъулIар гуапэщ. Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ ди центрыр унагъуэ куэдым щхьэпэну сыщогугъ! Жылагъуэр дызэкъуэувэмэ, дунейр гуапагъэрэ хуабагъэкIэ гъэнщIыным хэлъхьэныгъэ тхухуэщIынущ. ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ дэтхэнэм и дежкIи дапщэщи ди IуэхущIапIэм и бжэхэр зэIухащ. Фыкъеблагъэ! 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: