Вагъуэхэм куэд къыбжаIэ

(къыпыдощэ Къашыргъэ Назир
зэхуихьэсыжа вагъуэцIэхэхэм)

Шогуэгъагъвагъуэ – Алькор. Вагъуэзэшиблым ящыщ Мицар вагъуэм и щыгум итщ. Алькор, Мицар псалъэхэр зэхэтмэ, хьэрыпыбзэкIэ шузэтес жиIэу къокI. Алькор вагъуэм къращIэу щытащ цIыхум и нэм тэмэму илъагъурэ имылъагъурэ. Вагъуэр IупщIу илъагъумэ, цIыхум и нэхэр тэмэму къалъытэрт. Мы вагъуэм мыпхуэдэ хъыбар къыдокIуэкI. ШогуэкIэ еджэу хъыджэбз дахэ дыдэ гуэр щыIащ, жеIэж хъыбарым. Алькор вагъуэр къилъагъун и мураду ар куэдрэ лъыхъуащ. АрщхьэкIэ къыхуэгъуэ-такъым, и нэм сэкъат иIэти. Ар и жагъуащэ хъури гъащ. Абы щегъэжьауэ цIыхухэр Алькор вагъуэм ШогуэгъагъкIэ еджэ хъуащ.
Вагъуэдамэкъуэгурыгъ – Западная Рыба вагъуэ гуп. Гурыгъыр бжьым гур зэрыкIэращIэ дамэкъуэ гъумщ. Бжьым и кум иIэ гъуанэмрэ гуфитIым я пэм иIэ гъуанэхэмрэ зэхуэзэу зэтралъхьэри, гурыгъыр ирагъэжыжырт. Гурыгъым бжьыр фIокIэрэхъухь, бжьым и кIапитIыр чэзу-чэзукIэрэ япэ ищурэ. Дыгъэр, и илъэс гъуэгум (эклиптикэм) тету щекIуэкIкIэ, гъатхэпэм и 21-м къыщохутэ Западная Рыба вагъуэ гупым и щIагъым, экваторым и щыгум и занщIэу (вертикальнэу) уэгум иту, ипщэрабгъу лъэныкъуэмкIэ къикIыу, ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ кIуэуэ. А лъэхъэнэм экваторым и ипщэрабгъу лъэныкъуэм бжьыхьэр къыщохьэ, экваторым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм гъатхэм щыщIедзэ, адыгэхэм гъэрэ щIырэ щызэхэкIыу къалъытэ зэманщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIкIэ а тIур зэныкъуэкъуу къафIэщIырт, абы теухуауэ адыгэм жаIэ: «Тхьэгъэлъэдж и къуитIыр зэрымыгъэкIэс, зэрымыгъэпсых». (Тхьэгъэлэдж – гъэм и тхьэщ, абы и къуитIыр гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэщ). Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыр илъэсыжьыр щиух, илъэсыщIэм щыщIидзэ зэманырщ. Абы ирихьэлIэу илъэсыщIэ тхьэлъэIуу мафIащхьэ джэд яукI, джэд фIыцIэр нэхъ ягъэкъабылу.
ЩIымахуэм щIыр нэхущ, хужьщ, гъэр фIыцIэщ; гъэмахуэм гъэр махуэщ, щIыр фIыцIэщ. МафIащхьэу джэд фIыцIэ букIмэ, «хуэдэм хуэдэ къешэ» жыхуаIэ хабзэм тету, джэд фIыцIэм гъэмахуэ щIы фIыцIэ къишэну ягъэувырт. ЖаIэрт: гъэрэ щIырэ зэхэкIмэ, дадэ джэдыгужьыр щихыжынщ. Абы къегъэлъагъуэ гъэрэ щIырэ зэхэкIмэ, дунейр хуабэ зэрыхъужыр. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIа жэщ-махуэм и пщэдджыжьым уэлбанэмэ, шэджагъуэ нэужьым уэфI хъужмэ, жаIэрт гъэр текIуауэ, гъэ угъурлы хъуну, щIым гъавэ бэв къаритыну.
Западная Рыба вагъуэ гупым дамэкъуэм ещхь сурэт къагъэхъу. Гурыгъым бжьыр зэрыфIэкIэрэхъухьым ещхьу, дыгъэр а вагъуэ гупым и щIагъым щIэкIэрэхъухьу щIэтщ, щIым и экваторым и ищхъэрабгъу ибгъумкIэ хуэзэу. Западная Рыбэм къигъэхъу дамэкъуэ сурэтыр къалъытэ дунейм и къэхъукъащIэхэм щызахъуэж гурыгъыу.
Вагъуэсокурэ – Созвездие Чащи. Ар уолъагъу сокурэ кхъуэщыным ещхьыфэу (сокурэр псы пэгун зытIущ хуэдиз ихуэу, хупцIынэ ирапщу, махъсымэ иращIу адыгэхэм зэрахьэу щыта кхъуэщын Iу быхъущ). Вэн-сэн зэману вакIуэ махъсымэ щащI мэлыжьыхь - накъыгъэ мазэхэм Вагъуэсокурэр IупщIу уолъагъу. Ар экваторым и ипщэрабгъум щыIэ вагъуэ гупщ.
Зи анэр дыщэ джэдыгукIэ зыхъуэжа вагъуэр – Волопас вагъуэ гупым щыщ Арктурыр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыболъагъу вагъуэшхуэ дыдэу, горизонтым лъагэу теIэтыкIауэ уэгум иту. Ар щIымахуэ пщэдджыжьым къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ экваторым и ищхъэрабгъукIэ къыщыщIокI, жэщ-махуэ къэс ипэ ита жэщ-махуэм къыщыщIэкIа зэманым нэхърэ дакъикъи 3-рэ секунд 55,91-кIэ нэхъ пасэу къыщIэкIыу. Арктур и анэр ар къыщыщIэкI щIымахуэр аращ. Ауэ екIуэтэкIыурэ и къыщIэкIыгъуэм зехъуэж. Аращ и анэр дыщэ джэдыгукIэ - гъэмахуэмкIэ ихъуэжащ щIыжаIэр.
Вагъуэгублащхьэдэсэ – Трубка Арктура вагъуэ гупырщ. Мыр ирагъэщхьагъэнущ выгум и гублащхьэм дасэ, къандесым ещхь пхъэ дыкъуакъуэм.
ВагъуэданэчщIопщ – Волосы Вероники вагъуэ гупырщ. Ар и теплъэкIэ ирагъэщхь зи щIопщыкIыр пыжьейм, къазмакъейм къыхащIыкI данэчщIопщым. Апхуэдэу абы щIеджэр фэ Iув зэпэхъурейм данэч фэдэн (данэ Iуданэ) трашэрти арат. ДанэчщIопщымкIэ шым ущеуэкIэ абы макъышхуэ ищIын щхьэкIэ щIопщыкIым данэчщIопщу зыщыплI кIэращIэрт.
Вагъуэхьэлывэ – Северная Корона вагъуэ гупырщ. Ар и теплъэкIэ мазэ ныкъуэм ещхьщ. Гъатхэм, гъэмахуэпэм дыгъэр къухьа нэужь, уэгум лъагэу иту уолъагъу.
Вагъуэщэлъахъэ – Стрела вагъуэ гупырщ. А вагъуэхэр щэлъахъэм ирагъэщхь. Езы псалъэми къызэрыхэщщи, щэлъахъэр шым и лъакъуищым иралъхьэ: шыр кIуэр ящIынумэ, шы емылыджыр ягъэсэнумэ, шыр къэкIухьреймэ. Мэкъуауэгъуэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм Щэлъахъэ вагъуэр IупщIу уолъагъу.
Дэжыгвагъуэ – Лира вагъуэ гупырщ. Лирэм и вагъуэхэм халъагъуэ дэжыгым ещхь сурэт, аращ а вагъуэ гупым апхуэдэу щIыфIащар. Вагъуэ гупыр IупщIу уолъагъу накъыгъэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм - дэр дейм къыпыкIэу хъууэ къыпачыжыху.
Вагъуэтокъмакъ – Дракон вагъуэ гупым и щхьэмрэ и плIэ лъакъуитIымрэщ. Мы цIэр къызытекIа псалъэм и гугъу пщIымэ, токъмакъыр зэрызауэу, удын хьэлъэ зэрадзу щыта Iэщэщ.
Вагъуэгуэзнэч – Дракон вагъуэ гупым щыщ Iыхьэщ: и кIэр, и кIэбдз лъакъуитIыр, Ищхъэрэвагъуэр я гъусэу. Гуэзнэчыр набжэщ, хъупIэм щагъэхъу мэлхэр жэщкIэ щаIыгъ Iуэр кърахухьу. Вагъуэгуэзнэчым и кум Вагъуэкъащыкъым и вагъуэхэр итщ. Драконыр гупсэхуу уолъагъу накъыгъэ – щэк1уэгъуэ мазэхэм. Май мазэм и кIэм къыщыщIэдзауэ ноябрь мазэм нэсыху мэл хъушэхэр жэщым щаIыгът гуэзнэчкIэ къэухъуреихьа егъэзыпIэхэм.
Вагъуэщыгъэ – Южная Корона. Вагъуэщыгъэр экваторым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ вагъуэ гуп цIыкIущ. Абы и вагъуэхэр зэхэтщ щыгъэм ещхь сурэт къагъэхъуу, аращ адыгэхэм Вагъуэщыгъэ щIыфIащари. Вагъуэщыгъэр хуиту уолъагъу бадзэуэгъуэ – шыщхьэуIу мазэхэм.

 

 

Зыгъэхьэзырар Нэщ1эпыджэ Замирэщ.
Поделиться: