«Бгыгъуанэжь»«Бгыгъуанэжь» жыхуэтIэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм, Къармэхьэблэ къуажэм деж, щыIэщ. Сыт хуэдэ транспорт лIэужьыгъуэкIи уIухьэфынущ, гъуэгур тэмэмщи. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ФIэщхъуныгъэ пхэлъмэ, къэхъуну узыхуейхэр уи гум ибубыдэ хъунущ. Согупсысыр: нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа хъун папщIэ лIэщIыгъуэ дапщэ дэкIын хуейуэ пIэрэ?! ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ гъэщIэгъуэныр цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, лъапIэныгъэ гуэру зэрыщытам шэч къытесхьэркъым. Уеблэмэ хуэбгъэфащэ хъунущ тхьэлъэIупIэу яIауэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|