«Сыт пощтыр зищIысыр?»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пощт лэжьакIуэхэм Письмом и дунейпсо тхьэмахуэмрэ Пощтым и дунейпсо ­махуэмрэ ирихьэлIэу зэIущIэ хьэ­лэмэтхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и курыт школхэм. Абыхэм къы­зэрагъэпэщащ «Сыт пощтыр зи­щIы­сыр?» фIэщыгъэр зиIэ класс сы­хьэтхэр. 

А зэхуэзэ купщIафIэхэм къриубыдэу школакIуэхэм хьэлэмэт куэд ­къащIащ пощт зэпыщIэныгъэ IэнатIэм и лэ­жьэкIэм, зэхэлъыкIэм ятеухуауэ. Пощтым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм, а IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщызрагъакIуэ мардэхэм, пощт маркэхэмрэ пись­моу­лъэ­хэмрэ я къежьэкIахэм, нэ­гъуэщI куэдми ныбжьыщIэхэм яхутеп­сэлъыхьащ Iэ­щIагъэлIхэр. Ахэр я дэ­Iэпыкъуэгъуу, сабийхэм ягъэхьэзыращ икIи нэхъапэIуэкIэ ятха письмо цIыкIу­хэр далъхьэри зэтрагъэпщIэжащ письмоулъэ дахэхэр, хабзэм тету псори ­тратхэжри. Ахэр яхуэгъэзат я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэш­хуэхэм, ныбжьэгъухэм. 
ШколакIуэ цIыкIухэм фIыщIэ хуа­щIащ а Iуэхугъуэхэм ахэр хуезыгъэса пощт лэжьакIуэхэм икIи гуапэу ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ. Апхуэдэу ахэр къеджащ пощтым, пощтзехьэм теухуа усэхэм, ящIащ а IэщIагъэм епха сурэтхэр, пощт ашык цIыкIухэр. 
- ЗэIущIэхэр гуапэу, хьэлэмэту екIуэ­кIащ. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр пощт къулыкъущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ хуэ­щIынращ, ди къэралым и щэнхабзэ, тхыдэ щIэинхэм абыхэм гу лъегъэтэнращ, - жиIащ «Урысейм и пощт» АО-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Вэ­рокъуэ Заур.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди щIыналъэм и пощт къулыкъущIапIэм хеубыдэ почтампи 8, хьэпшыпхэр цIыхухэм яIэ­рызыгъэхьэ къудами 3. Республикэм и щIыпIэхэм абы щиIэщ пощт IуэхущIапIэу 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ IэщIагъэлI 1700-м щIигъу, пощтзехьэхэри яхэту. 
ЦIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш зыщI, абыхэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэр яхуэзыщIэ пощт лэжьакIуэхэм до­хъуэхъу я махуэмкIэ. Узыншэну, гукъы­дэж яIэу лэжьэну ди гуапэщ. 

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: