Урысейм и ерыскъы нэхъыфIхэр

Урысей Федерацэм Мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ и минис­терствэм мы гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIынущ «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэр. Абы щагъэлъэгъуэнущ икIи я фIагъыр зыхуэдэр къыщалъытэнущ хэгъэгу­хэм бренд хъуауэ къы­щы­щIагъэкI, щагъэкI мэкъу­мэш­хэкIхэр. 

ИджыкIэ ди къэралым и щIыналъэ 78-м щыщу зэхьэ­зэхуэм ягъэхьащ ерыскъы­хэкIыу 700-м нэс. Ар куэдкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ хэтам нэхъ­рэ. 
Зэпеуэм ягъэхьа мэкъумэш­хэкIхэм яхэтщ лъэпкъхэм, хэгъэгухэм я напщIэ телъ ерыскъыхэри, щIы­пIэм цIэрыIуэ щыхъуауэ щагъэхьэзырхэри, къызэ­рыу­нэ­ху­рэ куэд мыщIа, ауэ абы зэ­релэжьым зыужьы­ны­гъэшхуэ иIэну гугъэ уэзыгъэщIхэри. 
Зэхьэзэхуэм ягъэхьа тхылъ­хэмкIэ зэкIэ япэ итыр Москва областырщ, абы кIэлъокIуэ Ростов областыр, Пермь крайм ещанэ увыпIэр иIыгъщ - абы ерыскъы лIэужьыгъуэу 27-рэ къигъэлъэгъуащ. Нэхъ жыджэру зэхьэзэхуэм хэувахэм ящыщщ Волгоград, Ярос­лавль областхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр лIэу­­жьыгъуи 6-кIэ хэуват мы Iуэхум, ауэ иджыри тIу ды-щIагъужащ. Мы гъэм «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэм  я IэфIагъымрэ фIагъымрэ къы­щалъытэнущ адыгэ ­кхъуейм, къэхъун помидо­рым, минеральнэ псым, ­дзэ­лыкъуэ  кIэртIофым,  балъкъэр хъыршыным, мыIэ­-ры­сэм, адыгэ хьэлыуэм,   джы­лахъс­тэней къазымрэ цIы­р­­тIымрэ.  Зэпеуэм хэтыну жэрдэм зиIахэм я тхылъхэр фокIадэм и 1 пщIондэ ягъэ­хьащ. 
Жэпуэгъуэм и 20-м щегъэ­жьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ цIыхубэ IэIэт екIуэкIынущ, жылагъуэм езыхэм нэхъ яфIэфI ерыскъыхэкIхэм папщIэ е зыщыщ хэгъэгур даIыгъын щхьэкIэ Iэ яIэту. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: