Зыми емыщхь ухуэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэм хиубыдэ Терскол къуажэм сабий сад щаухуащ. «Демография» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ ящIа «ХъуэпсапIэ» садыр хабжащ зыми емыщхь ухуэныгъэхэм. Абы теухуа тхыгъэрэ сурэтхэмрэ къытехуащ «Школа-2025» журналым.

Терскол къуажэ цIыкIум къыщызэIуаха сабий садымрэ Европэм и нэхъ бгы лъагэ Iуащхьэмахуэрэ я зэхуакум дэлъыр зэрыхъур метр 2144-рэщ.

Садыр зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщащ, абы щылэжьэнухэм я къалэныр ящигъэпсынщIэу. ЦIыкIухэращи, я Iэпкълъэпкъым зезыгъэужьын, зэрыджэгун хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр куэду яIэщ. ПщIантIэм дэтщ тIысыпIэ дахэхэр, хъыринэхэр, джэгупIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр.

Сабий садым и унафэщI Залихановэ Лейлэ къыхигъэщащ: «ФIыщIэ яхудощI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, КъБР-м Ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ я министерствэхэм. Дэ илъэс куэд щIауэ дыпэплъэрт сабий гъэсапIэ тхуаухуэным, а хъуэпсапIэр иджыщ нэхуапIэ щыхъуар. ГуфIэгъуэщ мыпхуэдэ садым ди сабийхэр къызэрекIуэлIэнур», - жиIащ абы.

ФокIадэ мазэм зи гугъу тщIы садым цIыкIу 47-рэ екIуэлIащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми тыншыпIэрэ гъэсэныгъэ нэсрэ садым зэрыщагъуэтынум шэч хэлъкъым.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: