Къат Теувэж: «Махуэм сурэт сощI, жэщым роман сотх»

УФ-м и цIыхубэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я сурэтыщI, Урысейм и СурэтыщIхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж Урысейми япэрей Союзми фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми Европэм и къэралхэми.  СурэтыщI зэчиифIэм и творчествэм нэхъыбэу къыщыгъэлъэгъуар XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и кIэуххэм, XXI и пэщIэдзэхэм Урысей щэнхабзэм зэрызиужьарщ. Апхуэдэуи IэщIагъэлIым и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ къыщалъхуа щIыналъэм, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм. «Си къуажэ», «Жыг хадэ», «Гугъэ», «ЩакIуэхэр», «I8 гъэ» - сурэтхэм я цIэхэм къыбжаIэ абыхэм къыщыгъэлъэгъуар. КъищынэмыщIауэ, къэрал куэд къызэхикIухьыну хунэсащ Теувэж икIи ахэр къызэрыщыхъуар  щынэрылъагъущ «Иордание», «Болгарие», «Калмыкъ», «Венгрие» сурэт гупым.
СурэтыщIым лэжьыгъэ миным щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы и зэчиймрэ зэфIэкIымрэ гъуни нэзи яIэкъым жыпIэкIэ, ущыуэнукъым. Ар матхэ тушкIэ, дагъэкIэ, акварелкIэ.
- Теувэж, сурэтыщI IэщIагъэр узэрейр дапщэщ къыщыбгурыIуар?
- Сэ зэрысщIэжрэ сурэт сощI. Си сабиигъуэм сыщегупсыскIэ, си нэгу къыщIыхьэжыр сыкъызыхэкIа бынунагъуэшхуэрщ. Зэкъуэш пщыкIуз дыхъурт, зы шыпхъу закъуэ диIэу. Зэкъуэшхэм псоми къалэн зырыз яIэт, сэ сынэхъыщIэти, зыкъом сщхьэщахырт. Хэт пхъэ къишэну, хэт удз къихыну щыдэкIхэм деж сэ унэм сыкъыщIэнэрт. Мис абы щыгъуэм сурэт щIын фIэкIа Iуэху сиIэтэкъым. «Унэм ущIэсурэ гъуэжь ухъуащ», - жиIэурэ си анэм сыкъыщIишу зэрыщытар сощIэж, уэрамым щыджэгу си ныбжьэгъухэм сахигъэхьэну хуейуэ.
Сурэт щIынымрэ черченэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр зэзгъэгъуэтауэ арати,  абы илъэс ныкъуэкIэ срилэжьащ. ИтIанэ си щIэныгъэм щыпысщащ Тбилиси дэт ХудожествэмкIэ къэрал академием, ар I974 гъэм къэзухащ.
- Сыт хуэдэ къэралхэм, къалэхэм щалъэгъуа уи лэжьыгъэхэр?
- Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ куэдым сыхэтащ сэ – Сирие, Иордание, Венгрие, Болгарие, Тырку (Истамбыл, Анкара, Бурсэ), Куржым щэ сшащ. Си лэжьыгъэхэм яхухэха гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэхэр 20 мэхъу.
I982 гъэм Венгрием сыщыщыIам Дунейпсо венгрие саугъэтыр,  Каплар Миклош и цIэкIэ щыIэр, къысхуагъэфэщауэ щытащ. Болгарием, Венгрием, Къалмыкъым щекIуэкIа пленэрым (жьы къабзэм хэту сурэт щIыным) сыхэтащ.  
- СурэтыщIхэр зэрытхэ краскэхэм ящыщу сыт хуэдэ лIэужьыгъуэра  уэ къэбгъэсэбэпыр?
- Иджыпсту нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр акварелращ - краскэ псынщIэщ, узэпхроплъ. Ар бзылъхугъэ краскэу жаIэ языныкъуэхэм. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ хуабжьу зэрыгугъур. Ухуэсакъын хуейщ армыхъумэ, пIэщIож. Сирием, Иорданием нэхъ къащагъэсэбэп акварелыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къуэкIыпIэ Iуэхугъуэхэр ириптхыну нэхъ къозэгъ.
Нэхъапэм сызэлэжьу щытар дагъэр зи лъабжьэ живописырщ. Ауэ ар Кавказым, Урысейм къыщащтэркъым, Куржырат нэхъыфIу щикIыр. ФIыцIэр нэхъ ебэкIыу зэрыщытыр арагъэнщ. Фэ зэрыфщIэщи, Урысейм плъыфэ нэхъ цIухэр, зэмыфэгъухэр нэхъ къыщащтэ.
Иджыпсту сызэрытхэр псыр зи лъабжьэ краскэращи, абы и фIыцIэр дахэ хъуркъым, узэпхроплъри.  Плъыфэ зэмыфIэгъухэм сытехьауэ, уафэм и фэр, плъыжьыр нэхъ къыхызогъэщ.
- Кавказ Ищхъэрэм и сыт хуэдэ хэгъуэгухэм щыбгъэлъэгъуа уи IэдакъэщIэкIхэр?
- Си закъуэу къызэзгъэпэща гъэлъэгъуэныгъэу щы къэсшащ Налшык. Си ныбжьэгъухэр щыпсэум нэхъ щIэх-щIэхыурэ сыкъакIуэу щытащ. Иджы зыкъом щIауэ апхуэдэ Iуэху къыщесхьэжьакъым фIыуэ слъагъу лъахэм.
КъищынэмыщIауэ Владикавказ, Грознэ, Краснодар - зыбжанэрэ, Къалмыкъым сыщыIащ.
- Сэ слъэгъуа уи лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэрщ. Ахэр акъылкIэ зыхэпщIэу хэплъхьэрэ уи творчествэм, хьэмэрэ цIыхур зэрыбауэм зэремыгупсысым хуэдэу, лэжьыгъэм дихьэха сурэтыщIым лъэпкъ зэхэщIыкIыр къигъэлъагъуэрэ?
- Адыгэм и псэукIэр, дызэрыцIыкIурэ ди нэгу щIэкIар акъылкIи зызогъэзахуэ, зэрыжыпIэм хуэдэуи, семыгупсысыххэу щыстхи къохъу. Адыгэ нысашэ, джэгу, хьэщIэщ, лъэтеувэ, нэгъуэщI къинэмыщIхэрщ пэжу нэхъыбэу си Iэдакъэ къыщIэкIыр. Сигу къэкIыжар пщIэрэ? Си ныбжьыр илъэс щрикъум лъэтеувэ схуащIат. Хьэлыуэ Iэнэм сыщытрагъэIэбэм, нартыху къытесхауэ щытауэ жаIэж, ауэ нартыхугъэкI сыхъуакъым (мэдыхьэшх).
Ауэ къыхэсха IэщIагъэм сыхуеджащ, зыхуэзгъэсащ, си гур хигъахъуэу сролажьэ.     
- Сурэт щIыным ущIыхунэмысым и зы щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ тхылъ зэрыптхыр. Уэ журналистикэри тхэнри уи хамэкъым. Дауэ абыхэм удихьэха зэрыхъуар? Уи IэдакъэщIэкIхэм къытхутепсэлъыхьыт.
- Сурэт щIыным сыщыдихьэхам къыщожьэ журналистикэм сыщыхуеплъэкIари. Школым сыщыщIэсым ди республикэм къыщыдэкI адыгэ газетым ретушеру сыщыIэт, ахъшэ тIэкIу къыщызлэжьу. Мис абы щыгъуэм сфIэфIт тхыгъэхэри яхуэсхьыну. Си адэшхуэм и хьэщIэщым щызэхэсха хъыбар къомыр дунейм къытегъэхьэн зэрыхуейм сегупсысри, тхылъым иужь сихьащ.  Абы сыпэрыхьэн и пэ къихуэу, газетым тхыгъэ кIэщIхэр схьырти, «хьэуэ» къыхамыгъэкIыу къытрадзэрт, еджэхэми ягу ирихьу зэхэсхыжырт.
Си Iэдакъэ тхылъитху къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ си гъащIэр къызэрекIуэкIам, сыкъыщыхъуа унагъуэм, Краснодар сызэрыщеджам теухуахэр. Си гукъэкIыжхэр зым ихуащ.  Зы романрэ зы повестрэ згъэхьэзырауэ тхылъ тедзапIэм щIэлъщ.
- Сурэт пщIыну гукъыдэж къозытыр сыт? Сыт гурыфIыгъуэ зыхэплъагъуэр?
- Гугъущ абы занщIэу жэуап ептыну. Си Iыхьлыхэр си гъунэгъуу, творчествэр спэмыIэщIэу сыпсэунырщ си дежкIэ насыпыр. СыкъызыхэкIа унагъуэшхуэм щыщу си къуэш закъуэращ сиIэжыр. Си щхьэгъусэ Савдет Лъэпкъ библиотекэм и унафэщIу щытащ. Сипхъу Тамарэ нэмыцэбзэмкIэ Мейкъуапэ щрегъаджэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидатщ, унагъуэ исщ, сабиитI иIэщ. Си щIалэ Алий си лъагъуэм ирикIуауэ жыпIэ хъунущ, журналистикэмкIэ факультетыр къиухащ. Мис ахэр си гурыфIыгъуэщ.
Си гъащIэм и купщIэр здэщыIэр куржы теплъэ иIэу, пкъохэр щIэту, Мейкъуапэ щысщIа мастерскойращ. I979 гъэ лъандэрэ си махуэхэр щызгъакIуэр аращ. КIэщIу жыпIэмэ, си унагъуэмрэ си лъэщапIэмрэщ си гъащIэм хэлъ гурыфIыгъуэмрэ гукъыдэжымрэ къызыщIэкIыр.

 

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: