«УЭ ДАДИСЫР УЗОТРИ, СЭ ІЭРЫШКІЭР КЪЫЗОЩТЭ…»

Адыгэбзэм щыщщ

Арыхъу – жраІэ псоми арэзы техъуэ, зыми мыхъун къыхэзымыгъэкІ цІыху.

Бапщэ – зи жьы Iурыхьэгъуэр хузэтемыубыдэу кIыхьу, хьэлъэу бауэм щхьэкIэ аращ жаIэр, “бапщэ-папщэ хъуащ”, жари.

Бзутокъу – гуащэ пыIэр ирагъэщІэращІэу и щыгум хагъэзагъэ бзуущхьэ сурэт.

Бэтеущэ – пэмыплъауэ хьэщIэшхуэ зыхуепсыхыр зэрыхуэ щытыкIэ. “Бэтеущэ сыхъуащ, хьэщIэшхуэ сиIэщ, схубгъэдэс”, жаIэ.

ГуартIэ – цIыкIухэр трагъэун папщIэ ятIагъуэмрэ хьэуазэмрэ зэхапщэри, къыхащIыкI гуащэ лIэужьыгъуэм аращ зэреджэр. Ар мафIэкIэ ягъажьэрти, бзыхьэхуэкIэ яхуэпэжу щытащ. ГушыIэ хуэдэу “и гуартIэм дыжьыныгъуэр и лъыхъущ” жаIэ, ар екIуу яхуэпамэ, дахэу ягъэщІэрэщІамэ.

ГуащэбэщI – IэщIагъэцIэу пIэрэ жыпIэну зы псалъэщ, цIыкIухэм щхьэкIэ гуащэ зыщIырейм хужаIэу. Зеикъуэ хуэдэу гуащэбэщI цIэрыIуэ куэд зыдэса щыIэкъым, гъунэгъу жылэхэм къикIыурэ гуащэ хьэпшыпхэр ирагъэщIу щытауэ яІуэтэж.

Гуащэнэ – унагъуэ имыхьауэ пщIантIэм дэс тхьэмадэ шыпхъум нысащІэр зэреджэ псалъэщ. «Гуащэми сеплъат, гуащэнэми сыкъеплъыжат» жаІэ, нысащІэм деж тІури зэрыщызэхуэдэр кърагъэкІыу.

Гуащэпсынэ – икIушхуэ щымыIэу псышхуэм хэлъэдэж псынэ.

Гудэш – бампIэдэх.

Гужьпыз-гужьпыу – зи губжьыр ужьых-къызэщIэхъеежу щыт цІыхум щхьэкІэ жаIэ. Тыркум щыІэ Iузнейлэ ис адыгэхэми мы псалъэр яхъумащ, мызэ-мытIэу жаIэу дрихьэлIащ.

Гунзазу хъун – езыр хуейуэ и нэр зэблэзыгъэплъым щхьэкIэ "гунзазу ухъуа" жаIэ. КъызытехъеикIар тхузэхэгъэкIакъым.

Гурэшарэ – цIыху хьэлэл, зэбли зыщысхьи щымыIэ, цIыхум егуапэ зэпыт, псоми гу къабзэ - псэ къабзэкIэ ябгъэдэт цІыхум аращ Бешкъэзакъхьэблэхэр зэреджэр. “Ннэгъэсауэ гуэрашарэщ, иш щысхьынукъым”, жаIэ.

Гущэгъагъ – дунейм ехыжам тегъэ-тебжэшхуэр зы тэлай щыщагъэткIэ, хьэдагъэр зэпымыупэн щхьэкIэ гуащэм щабэ цIыкIуурэ къыдришей гъым апхуэдэу йоджэ.

Гуэф – жыгым къеуалIэ уз лIэужьыгъуэщ.

Гуэфтех – гузэвэгъуэм иубыдауэ иIыгъ цIыхум хъыбар дахэ къыхуэзыхьым апхуэдэу йоджэ. “Зы щIалэжькIэ гуэфтехщ”, жаIэ лIыжьхэм ар зыхужаIэр ягъэгушхуэу.

ГъукIэ тур – мэкъупIэр щагуэшкIэ, гъукIэр дэкIыу щытакъым, жылэм зэрыхухахынур ищІэрти. Къуажэдэсхэр мэкъупIэ гуэшыным хуемыжьэ щIыкІэ гъукIэм и Іыхьэр ягъэнахуэти, мывэ Iуащхьэ лъагуэкIэ тур тращIэрт. Аращ гъукIэ туркIэ зэджэри.

ГъукIэ щай – гъукIэм цIыхум яхуищIэ Iуэхутхьэбзэм пщIэ щIимыхыу ауэ яхуищIэн хуей хъумэ, и Iэгъуапэ къиплъа мыхъун щхьэкIэ зы щай нэхъ мыхъуми къыхуагъэнэу щытащ. Адыгэ псапэ щIэкIэм щыщщ.

ГъукIэкъан – гъукIэм и гъукIэгъэсэн дыдэм нэмысауэ, ауэ зэзэмызэ Iуэху псынщIэ гуэрхэмкIэ Iэпыдзлъэпыдз хуэхъуу щIалэщIэщ. “Ущауэкъан, угъукIэкъан, укъанщокъуэ?” жаIэри псалъэ щыIэщ, зыхуэмыIуэхутхьэбзащIэ щымыIэ щIалэ цIыкIуу псоми нэсым щхьэкIэ.

ГъукIэхуэхьэжэ – мэкъумэш щIэгъуэм гугъу къадехьа гъукIэм щхьэкIэ, гъавэ кърахьэлIам щыщ зэхалъхьэрти, ар хурагъэхьэжу щытащ, гъукIэхуэхьэжэ жаIэри. ГъукIэ фадэри щIагъужырт.

Гъулыбжь – зызышхыхьыж зэпыт цIыхур зэрыт щытыкIэм апхуэдэу йоджэ.

Дадис – къупщхьэм къыхащIыкI зэрыджэгу гуащэ лIэужьыгъуэщ.

Джэгуэщ – театр; мы псалъэр гушыIэ хуэдэу зэрахьэми, техуэрабгъуу жыIа хуэдэщ.

ДжэдыкIэнэз – къэфэкIэ хабзэм щыщщ, щIалэм ислъэмей щищIкIэ, зидзурэ и щауэгъухэм къащыхуилъкIэ, ебакъуэ мыхъуу джэдыкIэ нэз хуащIырт, “Ислъэмей щыпщIыфкIэ, зызэрыпIыгъыфми деплъынкъэ”, жаIэу. ДжэдыкIэнэзыр гушыIэщ, псоми хуащIу щытакъым. Ислъэмей къещIэ щIалэм джэдыкIэнэз щыхуащIыр къызыдещIэ хъыджэбзым гугъэ пыухыкIахэр зэрыхуиIэр ныбжьэгъухэм щызэдащIэм дежт.

Дзэлъ – дзэ зэхуакум дихьа шхыныр драгъэхыжын щхьэкIэ ягъэныщкIу къэкIыгъэ лъабжьэщ. КъэкIыгъэ лIэужьыгъуэр къытхуэцIыхуакъым.

ЕкIуу бгъурыжькуиин – къэфэкIэ хабзэм щыщщ; щIалэр къафэм здытетым зэ щхьэкIэ къызэкъуипхъуэтрэ къигъафэ хъыджэбзым техуарзэ хуэдэу зищIмэ, екIуу бгъурыжькуиящ, жаIэ.

ЕхурэсыкIыу къэфэн – хъыджэбзым и къэфэкIэм теухуа псалъэщ; и лъакъуэм нэхъ къэмынэу зэрыIэпкълъэпкъыу зэпІэзэрыту, и IэблитIри щIимыдзу, лъагэуи имыIэту, жьым хэсыкIыу фIэкIа умыщIэну къафэ хъыджэбзым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.

Жакъ – жиIами ищIами яхутемыкI цIыху ерыщым аращ зэреджэр. “Жакъ дауэ ещI”, жаIэ имыкIуэтыххэм щхьэкIэ.

Жангъэзэш – гушыIэ къэфэкIэ лIэужьыгъуэщ; хамэ жылэ къикIа хъыджэбзыр къуажэ щIалэхэм зэблэкIыу къыщагъафэм деж “жангъэзэшыр къызэрехьэжьащ” жаIэ. Хэку зауэшхуэм къыкIэлъыкIуа илъэс зыбгъупщIым иджыри джэгухэм щыплъагъуу щытащ жангъэзэшыр.

IэрышкIэ – Iэпхъуамбэ нэхърэ мынэхъ ину ящI зэрыджэгу хъыдан гуащэ цIыкIухэм арат зэреджэр.

Дадисымрэ ІэрышкІэмрэ къыхахынур ямыщІэу сабийхэм хэдэгъуейуэ къыхахырт. Зыр цІыкІут, уи жып иплъхьэу, ущыхуейм къипх хъууэ Іэрыхуэт, адрейри нэр щыджылыкІыу дахэт, ауэ зэрыхуэсакъым къыхэкІыу куэдрэ къырахьэкІыртэкъым. Псоми щысхьым и щытыкІэм щхьэкІэ «уэ дадисыр узотри, сэ ІэрышкІэр къызощтэ» жаІэ гушыІэу.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: