КъэкIуэнум толажьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис щIалэгъуалэм я гугъу щыфхуэтщIкIэ, редакцэр дыхущIокъу нэхъ зэфIэкI зиIэхэмрэ ехъулIэныгъэ  къэзыгъэлъагъуэхэмрэ гулъытэ яхуэтщIыну. Шэч хэмылъу, апхуэдэхэм ящыщщ КъБР-м ЦIыхухэр щегъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм хэт Аутлъэ Ахьмэди.

Абы ХъыбарегъащIэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжымрэ КъБКъУ-м Информатикэмрэ управленэмкIэ и факультетымрэ къиухащ. Студент гъащIэм жыджэру зэрыхэтым гу къылъатэри, япэ илъэс дыдэм еджапIэ нэхъыщхьэм и студсоветым и унафэщIым и къуэдзэу ар ягъэуват, мыгувэуи а зэгухьэныгъэм и унафэщIу хахащ. ЕджапIэм щIэсхэм я гугъуехьхэр, лъэпощхьэпохэм езыр фIыуэ зэрыщыгъуазэм и фIыгъэкIэ, Ахьмэд а лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдыхьащ, студентхэр къазэрыбгъэдыхьэ сыт хуэдэ IуэхухэмкIи щIэгъэкъуэн зэрахуэхъунум хущIэкъуу.

ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, Ахьмэд магистратурэм щIэтIысхьэжащ, щIалэгъуалэм зэрадэлажьэм щыхагъэгъуазэ унэтIыныгъэр къыхихри. Ар диплом плъыжькIэ абы къиухащ, ауэ щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр аспирантурэм  щIэтIысхьэжауэ щоджэ.

Аутлъэр ЩIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ управленэм и унафэщIу 2019 гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ мэлажьэ, къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зыхуегъэувыж ди щIалэгъуалэм мы зэманым къэралым къарит Iэмалхэр абыхэм я деж нихьэсыныр.

- ЩIалэгъуалэм я зэфIэкI къызэрагъэлъэгъуэфын, зэрызаужьын Iэмалхэр нобэ куэду щыIэщ. Ахэр абыхэм зэрыщыдгъэгъуазэм нэмыщI, дадоIэпыкъу я лэжьыгъэхэр (ягъэхьэзыр проектхэр) ягъэзэщIэфынымкIи, - жеIэ Ахьмэд. - ЩIалэгъуалэм гулъытэ зыхуащIхэм я гугъу пщIымэ, уегъэгушхуэ абыхэм я анэдэлъхубзэр зэрырагъэфIэкIуэнум щегъэжьауэ щIыуэпсыр хъумэным щыщIэкIыжу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр утыку къызэрырахьэм. Щапхъэ къэсхьынщи, Хьэгъэжей Иринэ игъэхьэзыра проектым къыпэкIуа ахъшэмкIэ къыдигъэкI щыгъыныгъуэхэм («Хасэ брэнд» зыфIищам) адыгэ псалъэхэр (мафIэ, уафэ жыпIэми) иджы трегъатхэр. НэгъуэщI зы Iуэху щыIэщ щIалэгъуалэр щызэхуэсыфыну щIыпIэ хэха къызэгъэпэщыным ахъшэ саугъэт къихьауэ.

Аутлъэр езыри хэтащ щIалэгъуалэ проектхэр утыку къыщрахьэ урысейпсо зэпеуэу щым икIи дэтхэнэми текIуэныгъэ къыщихьащ. КъищынэмыщIауэ, «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэми абы щэнейрэ ахъшэ саугъэт къыщратащ. Абыхэм япкъ иткIэ щIалэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм ящыщщ «Эльбрус» спорт хэкупсэ лагерыр къызэрызэригъэпэщар.

Ахьмэд мурад и куэдщ. Ар зи унафэщI IэнатIэр йолэжь Волонтёр Iуэхум зегъэужьынымкIэ щIыналъэ ресурс центрым и къудамэхэр (иджыпсту районихым щыIэщ) республикэм и щIыналъэхэм къызэрыщызэIуахынум, къуажэдэс щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр зэрызэтраублэнум.

Аутлъэм зэрыжиIэмкIэ, управленэр спортрэ щэнхабзэрэ я лъэныкъуэкIэ щIалэгъуалэм зэрызрагъэужьынум и закъуэкъым зытелажьэр, атIэ хабзэм, цIыху хэтыкIэм, къезэгъ-къемызэгъ Iуэхухэм ехьэлIауи ныбжьыщIэхэм  яхуозэ, йопсалъэ. «Дызэлэжьын диIэщи, тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Ди щIыналъэ унафэщIхэм фIыуэ къагуроIуэ щIалэгъуалэм нобэ дадэлэжьэн зэрыхуейр, сыту жыпIэмэ нобэ абыхэм ди нэIэ тедгъэкIмэ, щIэныгъэ яхэдмылъхьэмэ, пщэдей тIэщIэкIынкIэ  хъунущ, - къыхегъэщ абы.

Ахьмэд къызэрилъытэмкIэ, щIалэгъуалэр нэхъыбэу зыгъэлъэпэрапэр «кхъузанэм щIэмыгъэкIауэ» Интернетым кърах хъыбархэрщ, псом хуэмыдэу абы и зэранкIэ езым я Iуэху еплъыкIэ ямыIэжу мэхъу. Мы зэманым министерствэм и IэщIагъэлIхэр абы и лъэныкъуэкIи ныбжьыщIэхэм ядолажьэ. «Нэгъабэ едгъэкIуэкIа Команда 5642» зи фIэщыгъэ щIалэгъуалэ зэхыхьэр апхуэдэт. Абы къедгъэблэгъащ «ЩIалэгъуалэм я Iуэхур зытетыр къэзыпщытэ центр» урысейпсо IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Заварзин Денис зи пашэ гуп икIи Интернетым щыщыIэ лъэпощхьэпохэм теухуауэ ди щIалэгъуалэм едгъэпсэлъащ. А Iуэхум республикэм и районхэм щыщ цIыхуи 150-рэ къыхэтшауэ щытащ», - дыщIегъу Аутлъэм.

Гу зэрылъыптэнщи, Ахьмэд ящыщщ и пщэрылъыр и кIэм нэмысауэ гупсэху зымыщIэхэми, дохъуэхъу и мурадыфIхэр къехъулIэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: