ДзыхьмыщI Анзор: Къуажэдэсхэр къыскъуэтмэ, сыт хуэдэ Iуэхуми дыпэлъэщынущ

Зыужьыныгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ илъэси I70-рэ хъуауэ Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм къыщыс Хьэтуей къуажэм. Я нэхъыжьыфIхэм я щапхъэр я гъуазэу жылэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къуажэм къыщрахьэжьэ Iуэхур псори зылI и быну зэкъуэувэрэ зэфIахыу мэпсэу.  Пэжщ, апхуэдэ зэхэтыкIэр куэдкIэ елъытащ къуажэ тхьэмадэм. А къалэныр зыгъэзащIэ ДзыхьмыщI Анзор и жылэм и нобэмрэ и пщэдеймрэ езэш имыIэу хуэлажьэ, абы и къэкIуэнум дахагъэрэ фIыкIэ хуэхъуапсэ, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, къызэгъэпэщакIуэ жыджэру щыт унафэщIщ. Къулыкъум зэрыпэрыта япэ пIалъэм къриубыдэу  икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ,  адэкIи зыхущIэкъухэр нэхъыбэжщ.
Къуажэдэсхэр абы и лэжьыгъэм арэзы къызэрищIым, фIыкIэ зэрыщыгугъым и щыхьэтщ зыпэрыт къулыкъур етIуанэ пIалъэу ирихьэкIыну дзыхь зэрырагъэзар.  «Сыт хуэдиз мылъку збгъэдэлъами, дэ нобэ дыздынэсамрэ тхузэфIэкIамрэ си закъуэкIэ схузэгъэхъулIэнутэкъым. Жылэдэсхэр си щIыбагъым къыдэтщ, ди зэгурыIуэныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм я фIыгъэщ нобэ диIэ ехъулIэныгъэхэр», - а псалъэхэрщ псалъэмакъыр къызэрыщIидзэр къуажэ унафэщIым.
ЯхузэфIэкIар мащIэкъым
Къуажэдэсхэр зэдэарэзыуэ а къулыкъур къыщыхуагъэфащэм, абы зэрыпэрытыну пIалъэм кърагъэза дзыхьыр гъэпэжынырщ псом япэу къалэн нэхъыщхьэу ДзыхьмыщIым зыхуигъэувыжар. АдэкIэ къуажэм дэлъ лэжьыгъэм зыщигъэгъуазэщ, Iуэху щыIэхэр нэхъапэ игъэщыпхъэкIэ иубзыхури,  и ужь ихьащ.  Япэ ирагъэщащ къуажэм и къабзэлъабзагъэр. Абы къыкIэлъыкIуэу къуажэм дэт IуэхущIапIэхэр, Фельдшер-акушер пунктыр,   ЩэнхабзэмкIэ унэр, курыт школыр, сабий гъэсапIэр, Техник ныбжьыщIэхэм я станцыр (СЮТ), мэжджытыр, ДЮСШР-р, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзащ.
- Зыхуэдгъэувыжа лэжьыгъэхэм ящыщщу дызэрыгушхуэщ  къуажэ музей къызэгъэпэщыныр къызэрыдэхъулIар, - жеIэ ДзыхьмыщI Анзор. -  Турнир щебгъэкIуэкI хъууэ футбол щыджэгу губгъуэ къызэIутхащ. Жылэм дэт IуэхущIапIэхэр псори зытет, Бэрау Къэралбий и цIэр зезыхьэ уэрамыр, Налшык и Къэбэрдей уэрамым хуэдэу, щхъуантIагъэр ебэкIыу дгъэдэхащ, ар зыгъэнэху уэздыгъэхэр лъэныкъуитIымкIи щыблэу зэтхъуэкIащ. Абы и дыхьэпIэм  аркэ дэгъуэ щыдгъэуващ «ИугъащIэ Хьэтуей» жиIэу тетхауэ.
Къуажэм и къулеягъэ нэхъыщхьэр
ЩIыпIэ бюджетым и мылъку хэхъуапIэр щIым телэжьыхьхэм, ар зезыхьэхэм ят бэджэндыпщIэрщ. Нэхъапэм абы къыпэкIуэ ахъшэр псори къуажэм къыхуэнэжу щытамэ, 20I7 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ щIы Iуэхухэр зегъэкIуэныр район администрацэхэм я пщэ далъхьэжащ: бэджэндыралажьэхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэ, аукционхэр ирагъэкIуэкI. БэджэндыпщIэу ят ахъшэм и процент бжыгъэ гуэр къуажэ администрацэхэм яхуеутIыпщыжри, мылъку ябгъэдэлъыр къызыхэкIыр аращ. Дэтхэнэ къуажэми хуэдэу, Хьэтуейм и къулеягъэ нэхъыщхьэр щIыращ. Шэч хэмылъуи, жылэдэсхэм я нэхъыбэм я лэжьыгъэр зэпхар аращ.
- Къуажэм къегъэубыдылIауэ щIы гектар 2402-рэ диIэщ, - жеIэ Анзор. -  Абы щыщу гектар I000-м - нартыху, гектар 300-м – соя, гектар 40-м хадэхэкI трасэ, гектар 600-р - жыг гъэкIыным хухэхащ. Псом хуэмыдэу зиужьащ иужьрей Iуэхум, районым ит къуажибгъум абыкIэ Хьэтуейр япэ итщ жысIэми, сыщыуэну къыщIэкIынкхым. ЩIыр къуажэдэсхэм зэхуагуэшыжауэ яIыгъщ, абыкIэ зэгурыIуэныгъэ администрацэм дащIауэ.  Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псоми къалъысакъым. ЩIы зезыхьэну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэми хэкIыпIэ гуэрхэр къахуэдгъуэтащ. Псалъэм папщIэ, гектар куэд зыIыгъхэм делъэIури, субарендэу абыхэм иредгъэтащ. КъищынэмыщIауэ, пабжьэу зэщIэкIэжауэ къуажэм къедзылIа щIыпIэхэр дгъэкъабзэри, ахэри яхуэдгуэшащ.
«Псыр – псэ хэлъхьэжщ»
Псыр хуиту цIыхухэм зэраIэрымыхьэм теухуа тхьэусыхафэхэр республикэм и жылагъуэ куэдым яIэщ. Хьэтуейм  псымкIэ яIуэтэжащ, ауэ Iуэхур къэзылъахъэ гуэрхэри щыIэщ.
-  Псыр и фIагъкIэ, и къабзагъкIэ къапщытати, мардэ къагъэлъэгъуахэм сыт и лъэныкъуэкIи хуокIуэ. Псы къыщIэшыпIэу тIу диIэщ, ар къыдэзыхуей насосри бжьэмийхэри щIэуэ зэтхъуэкIащ, - къыпещэ пслъэмакъым къуажэ унафэщIым. -  Жылэр псыкIэ зэщIэгъэхьэныр гугъуехьу дэри диIащ. Къуажэдэсхэр зэхуэсшэсри, щытыкIэр яжесIащ, ар нэхъыфI зэрыхъуным и хэкIыпIэр зэгъусэу къэдгъуэтащ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, псыр жэщ-махуэ имыIэу цIыхухэм яIэрыхьэн хуейщ. Ауэ ар хуиту диIэныр дэ езым дэлъытыжащ. Абы папщIэ ди къалэнщ псыр къыщIэхуным текIуадэ электрокъарум и уасэр еттыныр. Нобэ зы цIыхум хуэзэу соми I26-рэ ят, есэпыр тетщIыхьри, пщэдджыжьым сыхьэти 8-м  щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм сыхьэти 9 хъухукIэ  къидгъэжыну дызэгурыIуащ. НэщI мазэм, гуфIэгъуэм, нэщхъеягъуэм жэщми махуэми зэпыдгъэуркъым. Гъэмахуэ мазищым щытыкIэр нэхъ хьэлъэщ, псыр хадэхэм щIагъэлъэдэн зэрыщIадзэм къыхэкIыу. Абдежым жылэр  псыкIэ зэщIэгъэхьа хъуртэкъыми, зы махуэм къуажэпщэм, адрейм къуажэкIэм яхуэдутIыпщу тщIащ. КъищынэмыщIауэ, ди республикэм къуажэ куэд иIэу къыщIэкIынукъым уэрам къэс псыIэрышэ ежэхыу. ЩIымахуэр зэрикIыу, псышхуэм къыхыдошри, ар зрижэну кIэнауэхэр хьэзырыххэщи, уэрамхэм дыдоутIыпщхьэ. Ахэр бжьыхьэм и кIэ хъуху йожэх.
Хьэтуейм и къэкIуэнур
Хьэтуейм и социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, зэгурыIуэныгъэ жылэм дэлъынымкIэ ДзыхьмыщI Анзор хузэфIэкI къигъанэркъым. Жылэм и къэкIуэнум мурадыфIхэр хуиIэщ.
- Хьэтуейм и къэкIуэнум сыхуэплъэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи къуажэ зэпэщу, и цIыхухэм я псэукIэкIи  жылэм и зыужьыныгъэкIи ефIакIуэу, си нэгу къыщIызогъэхьэ. Мурадыр ди бэщ,  лэжьыгъэ куэди къытпэщылъщ. Зэредгъэжьам хуэдэу къуажэдэсхэр къыскъуэтмэ, шэч къытесхьэркъым, сыт хуэдэ Iуэхуми гугъуехьми дызэрыпэлъэщынум.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: