Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэгуроIуэ![]() КъБР-м и Правительствэм жэпуэгъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм Iэ щыщIадзащ 2022 - 2023 гъэхэм республикитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ министр Iэхъуэбэч Щамил, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ министр Рахаев Борис, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Сыжажэ Хьэсэн, «КъБР-м и сату-промышленнэ палатэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, «За единение - Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Сидорук Павел. Беларусым и посольствэу Урысейм щыIэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм и унафэщI Тимохин Денис, Беларусь Республикэм и сату-промышленнэ палатэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Кураш Наталье, «ТД Палессе-Юг» ООО-м и генеральнэ унафэщI Ерёменкэ Дмитрий, «Дилерский центр Юг» ООО-м сату IуэхухэмкIэ и менеджер нэхъыжь Филатовэ Наталье сымэ.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
| ||





