Адыгэш тыгъэ хуащIащГупыж гъэщIэгъуэн къызыкъуихащ мы махуэхэм адыгэ республикищми зыубгъуауэ щылажьэ «Шыу Хасэм». ДзюдомкIэ Европэм тIэунейрэ чемпион щыхъуа Игольников Михаил адыгэш иратащ. ЩIалэм ехъуэхъуну къуажэм къеблэгъащ Агуей-Шапсыгъым и нэхъыжьхэр, «Шыу Хасэм» щыщ щIалэхэр икIи, дауи, дзюдомкIэ и гъэсакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Нэгъуч Жэнболэт. Урыс унэцIэ зэрихьэ щхьэкIэ, Михаил и анэр шапсыгъ адыгэщ, Аллэло лъэпкъыжьым щыщщ. Езы щIалэри и шыфэлIыфэкIэ лъэпкъылIщ. Иужьрей зэхьэзэхуэу Париж щекIуэкIа дзэм хэтхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэм Михаилрэ Нэгъуч Жэнболэт и къуитIымрэ домбеякъ медаль зырыз къыщахьащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|