Лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху

Нобэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм. Абы къызэринэкIащ IуэхукIэ, лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ кIыхь, ар къапхыкIащ тхыдэ мыхьэнэ зиIа лъэхъэнэ зыбжанэм. 
Зы лIы ныбжь къыщызэбнэкIам деж блэкIам ухуоплъэкIыжри, къохъулIамрэ къомыхъулIамрэ, пхузэфIэкIамрэ узыхунэмысу къэнамрэ къыбопщытэж. Абы щыщ дэтхэнэ лъэбакъуэри лъапIэщ цIыхум дежкIэ, куэдым уогупсысыж, блэкIам нэгъуэщIу уIуоплъэж. А блэкIар бейуэ къызыхущIэкIахэм ящыщщ Есчындарыр, ауэ «къаплъэ нэхърэ къиплъ» жыхуаIэращи, лъэныкъуэкIэ укъыщытмэ, нэхъыбэж болъагъу. 
«КъызэрыгуэкI Iуэху къохъулIэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэшхуэхэр уи плъапIэу щытын хуейщ» къыхуеджэныгъэм тету мэпсэу Мухьэдин. Абы и гъащIэр и щапхъэщ цIыхум езым и къарурэ зэфIэкIкIэ куэд зэрызригъэхъулIэфым. 
 Зи махуэшхуэр зыгъэлъапIэ ди къуэшыр зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа Беслъэней шэрджэс къуажэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ленинград къыдаша сабий 32-р къезыгъэла беслъэнейдэсхэм я щIэблэщ Есчындарыр. Гитлер и щхьэфIэххэр яужь ит пэтми, абыхэм ящымышынэу сабийхэр унагъуэ унагъуэкIэ зэбграшри, я унэ тхылъхэм ирырагъэтхауэ щытащ адыгэхэм. А Iуэхум я щхьэр халъхьэн хуей зэрыхъунур ящIэми, зы адыгэ къикIуэтакъым, сабийхэр кърагъэлащ. 
И лъэпкъым, къуажэгъухэм къалъыкъуэкIа лIыгъэм иригушхуэ Мухьэдин къару къыхэзылъхьэхэм ящыщщ зи гугъу тщIа Iуэхур, езыри а щапхъэ дахэм ирикIуэри, и гъащIэ псом шэрджэс лъэпкъым и пщIэр къэIэтыным телэжьащ. 
Мухьэдин и адэ-анэ Есчындар Абдурэхьманрэ Рэбихьэтрэ я сабиибгъум я ебланэт. ЗыхапIыкIар зэман гугъу пэтми, адэ-анэм яхузэфIэкIащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху щыпкъэу гъащIэм хагъэувэн, абыкIэ езыхэр щапхъэ нэс яхуэхъуащ, лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ пщIэ хуащIу япIащ. 
Мухьэдин пщIэшхуэ хуищIырт Хэку зауэшхуэм хэта и адэм, абы и псалъэхэрщ гъуазэ хуэхъуари, аращ еджэным хуэзущияри. ЦIыху хуэдэ цIыхуу щытынымкIэ мыхьэнэшхуэ игъэзэщIащ и анэми. Ар зыцIыхуу щытахэм жаIэж щIалэм зыхилъхьа хьэлыфIхэр - жыджэрагъыр, гурыхуагъэр, пашэу щытыныр, щIэм хуэпабгъэныр - и анэм хэлъу зэрыщытар. Абы и чэнджэщхэмрэ псалъэ Iущхэмрэ сытым дежи къыхуэсэбэпащ Мухьэдин, я нэхъ IэнатIэ гугъу дыдэм щыпэрыхьами. Зэанэзэкъуэм зэпыщIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлът. Мухьэдин махуэ къэс телефонкIэ епсалъэрт и анэм, Iэмал зэриIэу лъагъунлъагъу кIуэжырт. АбыкIэ абы игъэлъэгъуащ, и къулыкъу лъагэхэм емылъытауэ, къуэ гумащIэу зэрыщытыр. 
Студенту къригъажьэри, зыщIэтIысхьа еджапIэм и ректор хъуащ Мухьэдин. Студенту, аспиранту, деканым и къуэдзэу, къудамэм и унафэщIу, декану, проректору, япэ проректору лэжьащ, 2006 гъэ лъандэрэ ректор къулыкъум пэрытщ. Абы ипкъ иткIэ, IэнатIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ щыгъуазэщи, къалэну къэувым, цIыкIуми инми, езыр полъэщ, гупышхуэр зы унагъуэу зэдегъэлажьэ. ФинансхэмкIэ университетыр Есчындарым и унафэ щIэува нэужь, къэралым щынэхъ лъэрызехьэ еджапIэ нэхъыщхьэ хъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Аращ нобэрей лъэпкъ IэщIагъэлI нэхъ ехьэжьахэр къыщIэзыгъэкIыр. 
Есчындарым гъэщIэгъуэну хэлъхэм ящыщщ езым бгъэдэлъ акъылымкIи, цIыхугъэмкIи, гъэсэныгъэмкIи, щIэныгъэмкIи адрейхэм зэрадэгуэшэфыр. И хъуреягъым щыт псори тригъэгушхуэфынущ абы. Арагъэнщ апхуэдиз илъэс лъандэрэ цIыху гупышхуэ щылажьэ, щеджэ университетыр, пашэхэм хабжэу, щIигъэлэжьэфри. Абы къулыкъукIи, лэжьыгъэкIи, щIэныгъэкIи куэд хузэфIэкIащ, мащIэкъым а псом щхьэкIэ къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ фIыщIэхэмри. 1996 гъэм абы къратащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «УФ-м ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр 1997 гъэм къратащ, 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и саугъэтым и лауреат хъуащ, «Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 2009 гъэм къыфIащащ, «Урысейм и хэкупсэ» медалыр, Николаев Лев и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» медалым и IV, III нагъыщэхэр зиIэ орденхэр, Сталыпиным и медалыр къратащ. 
Зыпэрыт лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэдым и гуащIэ хелъхьэ Мухьэдин. Ар хэтщ Урысей Федерацэм и Президентым, министерствэ зыбжанэм я деж щыIэ къэпщытакIуэ гупхэм, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и ЩIэныгъэ советым, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Налог къулыкъущIапIэм я Жылагъуэ советхэм хэтщ, Урысей ректорхэм я Союзым и унафэщI гупым, Компание, банк зыбжанэм я УнафэщIхэм я советым хэтщ, УФ-м Дзэ щIэныгъэхэмкIэ и академием и действительнэ членщ. 
А псоми къадохуэри, къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ и гулъытэрэ IуэхущIафэкIэ ялъоIэсыф. Ар сытым дежи щыгъуазэщ и хэку цIыкIум щекIуэкI Iуэхухэм, хэгъуэгу Iэтащхьэхэм япыщIащ, чэнджэщкIэ, щIэныгъэ IуэхукIэ сыт щыгъуи я щIэгъэкъуэнщ. 
Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным щыщ щIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ ФинансхэмкIэ университетым щIэтIысхьэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щапхъэ яхуохъу еджапIэ лъэрызехьэм и ректор адыгэ щIалэр. 
И хэкум гупцIанэу зэрыхущытым и щыхьэтщ республикэ Iэтащхьэхэм езы Мухьэдин къыхуащI гулъытэри, апхуэдэу 2018 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр къыхуигъэфэщауэ щытащ, Ингуш Республикэм и ЩIыхь тхылъыр къритауэ щытащ Iэтащхьэу лэжьа Евкуров Юнус-Бек. Ар Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей Ингуш республикэхэм, Бурятием, Къалмыкъым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. 
Сыт хуэдэ къулыкъу пэрымытами, Есчындар Мухьэдин щIэныгъэ Iуэхум зэи къыхэкIакъым. Урысейм и къэкIуэнум, экономикэ, финанс, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хуищI хэлъхьэныгъэр куэдщ икIи куущ. 
НобэкIэ Мухьэдин дэзыхьэх Iуэхухэм иджыри зы къахэхъуащ - ар и къуэрылъхухэрщ. Адрей зыпэрыта IэнатIэ псоми щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм йофIэкIыж адэшхуэм игъэзащIэ къалэнымрэ мыхьэнэмрэ. Ауэ ахэр зэгуэпх мыхъуну зэпхащ. Абы сытри ищIэнущ и къуэрылъхухэр Урысей лъэщым, зызыужь зэпытым къыщыхъун, щыпсэун папщIэ. 
Уи махуэшхуэмкIэ сынохъуэхъу, си ныбжьэгъу! Узыншагъэрэ насыпрэ уи куэду, уи щIэныгъэмрэ акъылымрэ дяпэкIи уи гъуэгур пхуагъэнэхуу Тхьэм уигъэпсэу! 

 

 

Агъырбэ Юрий, Москва къалэм щIыхь зиIэ и ветеран, Москва дэс адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Ингушым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.
Поделиться: