Адыгэ унагъуэ дахэМосква щекIуэкIащ «Илъэсым и унагъуэ-2021» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къашыргъэхэ я унагъуэ дахэр. Тэрч районым щыщ Къашыргъэхэ Зурабрэ Дианэрэ щытекIуащ зэпеуэм и «Къуажэдэс унагъуэ» лIэужьыгъуэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа хабзэхэм тету, абы хэтащ къуажэм щыпсэу, жылэм и псэуныгъэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, лэжьыгъэм, творчествэм, спортым, сабийхэр гъэсэным ехъулIэныгъэхэр щызиIэ унагъуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|