Эйнштейн и шоферыр

ЦIыху къэс зэчий гуэр бгъэдэлъщ, зыгуэрым хуэфIщ, хуэIэижьщ. Уэ нэхърэ нэхъыкIэу къэплъытэ гуэри къофIэкIынкIэ хъунущ, зэрымыщIэкIэ. УщIэныгъэлIми, дунейм уэ нэхъ Iущ темыту къыпщыхъуми, лэжьапIэм узышэ-укъэзышэж шоферыр къыщыптекIуэжыни къохъу… Ар игъэунэхуащ зи къэхутэныгъэшхуэхэм цIэрыIуэ ирихъуа щIэныгъэлI Эйнштейн Альберт.
КъызэрыгуэкI цIыхум и щхьэм къэмыкIыххэ, гупсысэ куухэм къыхэмыкI щIэныгъэлIым зэи и гугъэнтэкъым и шофер Iэсэм апхуэдэ зэчий къылъыкъуэкIыну… 
ИлъэсипщIым щIигъуат а щIалэр Эйнштейн деж зэрыщылажьэрэ. Зэгуэр, зи чэзу зэIущIэм щIэныгъэлIыр ишэу гъуэгу здытетым, щIалэм гу лъитащ: 
- Апхуэдиз лекцэм урагъэшауэ къысфIощI…
- Пэжщ, хуабжьу сешащ! – къитащ жэуап Эйнштейн.
- Мы дыздэкIуэм уэ зыми укъыщацIыхуркъым, уи цIэр зэхаха мыхъумэ. Дызэгъэхъуажи, сэ лекцэр езгъэкIуэкIынщ, ущешакIэ. Сэ уи кIэстумыр щыстIэгъэнщ, уэ си щыгъыныр зыщытIагъэ. 
- Сыт жыпIэр?! – къэуIэбжьащ щIэныгъэлIыр. 
- Нобэ зыгъэпсэху жысIэу аращ. Сэ уи пIэкIэ езгъэкIуэкIынщ лекцэр. Шэч къытумыхьэ, сэ куэдрэ сыщIэсащ фи зэIущIэхэм, жысIэнури, сызытепсэлъыхьынури гукIэ сощIэ, - игурэ и щхьэрэ зытелът щIалэм.
Эйнштейн къэуIэбжьащ, ауэ тIэкIурэ гупсысэри, арэзы хъуащ. Шоферым зэрыжиIам хуэдэу, я щыгъынхэр зэрахъуэжри, зэщIыгъуу зэIущIэм щIыхьащ, Эйнштейн кIуэри, пэшым и кIэ дыдэм щетIысэхащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэм лекцэхэр зэрыщыту гукIэ ищIэрт икIи зэIымынэу псалъэрт, уеблэмэ упщIэ зыбжанэми я жэуап пыухыкIахэр яритащ. 
Лекцэм еджагъэшхуэ куд щIэст, я гъащIэр щIэныгъэм щхьэузыхь хуащIауэ, ауэ абыхэм зыкIи къакIэрымыху хуэдэт къызэрыгуэкI шоферыр. Эйнштейни, зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу, едаIуэрт абы – а къомыр зэбгъэщIэн, зэкIэлъыбгъэкIуэн папщIэ, цIыху губзыгъэ и закъуэ мыхъуу, зэчиифIэу ущытын хуейт. ЗэIущIэм и кIэм зы щIэныгъэлI гуэрым упщIэ гугъу дыдэ къитащ «антитела» жыхуаIэхэм теухуауэ. Шоферым абыхэм теухуауэ зыри ищIэртэкъым, ауэ къекIуэлIахэм закъримыгъэщIэн папщIэ, къыпыгуфIыкIри жиIащ: «А упщIэр апхуэдизкIэ къызэрыгуэкIщи, си щхьэ теслъхьэркъым жэуап естыну. Уеблэмэ, си шоферым ещIэ абы и жэуапыр. Модэ пэшым и кIэмкIэ щысщ ари, къэдгъэпсэлъэнщ». 
Эйнштейн къэтэджщ, щIэныгъэлIым и упщIэм жэуап пыухыкIа иритри, етIысэхыжащ. «Эйнштейн и шоферыр апхуэдизу щыгубзыгъэкIэ, езы щIэныгъэлIым и щхьэм илъыр уи нэгу къыпхущIэгъыхьэрэ?!», - жиIэу Iущащэурэ етIысэхыжащ упщIэр къэзыта щIэныгъэлIыр, укIытэжауэ. 
«Къысхуэгъэгъу! Зэи гулъытэ пхуэсщIакъым, апхуэдизу уIущуи сщIакъым», - жиIащ иужькIэ Эйнштейн, и шоферым и Iэр быдэу икъузри. 
 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: