КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэмКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, Правительствэм щIыналъэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Къызэхуэсахэр абы щытепсэлъыхьащ «ПсэупIэхэмрэ къалэ гъащIэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэрыхъум. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Хуснуллин Марат жиIащ 2021 гъэм и кIэм псэупIэ ухуэныгъэхэм зэрызаубгъуар, федеральнэ бюджетым абы хухигъэкIа мылъкур мыхьэнэ иIэу къызэрагъэщхьэпэр, къалэшхуэхэм я гъуэгухэр зыхуагъэувыжа пIалъэм и пэ къихуэу зытетыпхъэ мардэм зэрынагъэсар. Хуснуллиным къыхигъэщащ ухуэныгъэхэр нэхъ лъапIэ зэрыхъур Iуэхур зылъахъэ щхьэусыгъуэхэм я нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абыхэм ящыщщ дуней псом ахъшэм и уасэм зэрыщыкIэрыхур, лэжьыгъэм ирахьэлIэхэр нэхъ лъапIэ зэрыхъуар, ахэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэ куэд пандемием и зэранкIэ зэрымылажьэр, узыхуейр зы щIыпIэм ипшу адрейм и чэзум нэбгъэсынри тыншу зэрыщымытыр.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|