Узыншагъэр нэхъапэщ![]() Дунейр зэщIэзыщта коронавирус узыфэм пэщIэтыным икIи абы земыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ Тыжьей (Кыщпэк) къуажэм дэт КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Узым и ягъэу цIыхум и узыншагъэм екIым, ар зыпкърыкIами гугъу дыдэу зэрызиужьыжым теухуа псалъэмакъ купщIафIэ къызэхуэсахэм ядригъэкIуэкIащ къуажэ амбулаторэм и унафэщI Урысбий Мадинэ. Абы зэпкърыхауэ дэтхэнэм дежи нихьэсащ коронавирусыр зищIысыр, ар цIыху Iэпкълъэпкъым и жьы кIуапIэхэмрэ тхьэмбылымрэ зэреуэр, абы къыдекIуэкI нэщэнэхэр, зиужьым-зихъуэжурэ штамм зэмылIэужьыгъуэхэр зэригъуэтыр. Дохутырым цIыхухэм къагуригъэIуащ узыфэм урипэщIэтыну мастэ зыхегъэлъхьэным нэхъ IэмалыфI зэрыщымыIэр, вакцинэм Iэпкълъэпкъым и иммунитетыр вирусым зэрыпэщIэтын къару къызэрыритыр.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
28.03.2026 - 10:15 →
ЦIыхубэм гуапэу зэдаIэт
28.03.2026 - 09:30 →
Къэрал гулъытэ зыгъуэтахэр
| ||






