ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъуКъэралым и дэтхэнэ щIыналъэми хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щокIуэкI дызэрыхьэну 2022 ИлъэсыщIэм хуэгъэпса гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр, псом япэрауэ, сабийхэр гъэгуфIэнырщ, ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжыр къэIэтынырщ. Апхуэдэ мурад дахэ иIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек махуэ зыбжанэ ипэкIэ Налшык щиублащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» къэралпсо акцэр. ИлъэсыщIэм ирихьэлIэ а Iуэхугъуэр къызэгъэпэщыныр хабзэ дахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыхъуар къыхигъэщу, абы щыгъуэ КIуэкIуэм фIыщIэ ин яхуищIауэ щытащ апхуэдэ жэрдэм гуапэ къызыбгъэдэкIахэм. «Си фIэщ мэхъу: щытыкIэ гугъум ихуа сабийхэм яIэрыхьэнущ зыщIэхъуэпса илъэсыщIэ тыгъэ гуапэхэр», - жиIат республикэм и Iэтащхьэм, Iуэхугъэр щиублэм икIи «ХъуэпсапIэхэм я псейм» фIэлъ лъэIу тхылъ цIыкIуи 9 къыфIихат.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|