Поликлиникэр къызэIуахыж![]() Иджыблагъэ къызэIуахыжащ Къалэ сабий поликлиникэ №1-м и къудамэу Хмельницкий Б. и цIэр зезыхьэ уэрамым тетыр. Сабий мин 11-м щIигъум я узыншагъэм щыкIэлъыплъ медицинэ IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыщIидзэжам адэ-анэхэр икъукIэ щыгуфIыкIащ. IэнатIэм пэрытщ педиатру 10, лэжьэгъуэ пIалъэ хэха яIэу щыIэщ невролог, ортопед, УЗИ-диагност IэщIагъэлIхэр. Мы махуэхэм къриубыдэу поликлиникэм сабий 300-м щIигъум я узыншагъэр къыщапщытащ. Сурэтыр Елъкъан Артур трихащ.
Поделиться:
Читать также:
07.07.2022 - 10:35 →
ЦеймкIэ зыщыщ лъэкъыр къращIэрт
06.07.2022 - 16:05 →
Гъуэгу бгъуфIэ хъуа лъагъуэ угъурлы
06.07.2022 - 11:47 →
ПщIэжрэ?
06.07.2022 - 10:44 →
ЦIыхубзыр ди нобэм
04.07.2022 - 16:44 →
Гиппократ
|