Израилым нысашэ зэрыщекIуэкIыр

Дэнэ щIыпIэ укIуэми лъэпкъ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэ кърипщIэну Iэмал хъарзынэщ хьэгъуэлIыгъуэр, нэгъуэщI гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Израилым, Кфар-Камэ сыщыщыIа махуэхэм къриубыдэу, Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуэхъуащ. Къуажэм хьэщIэ зэрыдэсыр ящIэрти, щIалэм и лъэныкъуэм – Щэджащэхэ - хъыбар къыдагъэщIащ. Абыхэм яшэ пщащэр ди бысым унагъуэм къабгъурыс ХъутIэжьхэ япхъути, хъыджэбзым деж щекIуэкIыну Iуэхухэми драгъэблэгъагъэххэт. 
Журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыдахыр ди деж щекIуэкIым техуэртэкъыми, слъагъу псори сфIэгъэщIэгъуэну сыхэтащ. Щауэми нысащIэми я унэхэм махуэм шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, IэфIыкIэхэр щагъэхьэзыр. Щауэм и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ щауэм и унэм, пщащэм ейхэр – пщащэм деж пщыхьэщхьэм щызэхуос. Япэу дыздэщыIар щIалэм и унагъуэрщ, щауэр зэдгъэцIыхун мурад диIа щхьэкIэ, ар унэм истэкъым, и ныбжьэгъу щIалэм я деж щыIэт, джэгу хуащIу… 
А пщыхьэщхьэм нэхъыщхьэр нэчыхь тхынырти, ар муслъымэн диным къызэригъэувым хуэдэу ятхащ. Хэкужьым ис ди лъэпкъэгъухэм нэчыхь щатхыр нысащIэр щауэм и унэ ихьа нэужьмэ, Израилым щыщ адыгэхэм нэчыхьытхыр псом япэ ирагъэщ. ЗэгуэкIуа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэгурыIуа нэужь, адэ-анэм нэчыхьытх махуэр яубзыхури, къуажэдэсым хъыбар ирагъащIэ. Гу зылъыттари гъэщIэгъуэнщ, телефони унащхьэ чэзууи хэткъым, конвертым дэлъу егъэблагъэ тхылъыр зэбграгъэхыу аращ. 
Нысэ къэзышэ Щэджащэхэ я пщIантIэм къуажэдэсхэри Рихьэние щыщ я благъэхэри щызэхуэсырт. ХьэщIэхэм адэ-анэм я Iэр яубыд, куэд щIауэ зэрымылъэгъуахэр зэщIоупщIэ, благъэ зэхуэхъухэр куэдрэ зэрыIыгъыну мэхъуахъуэхэ. АпщIондэху молэр щыхьэтитI и гъусэу нысащIэм и унэм кIуэри, арэзырэ мыарэзырэ еупщIащ, тхылъым Iэ щIрагъэдзащ. ИтIанэ молэмрэ щыхьэтхэмрэ щауэм деж кIуэри, апхуэдэ дыдэу абыи щIрагъэдзащ. Ар зэфIэкIа нэужь, Щэджащэхэ къагъэзэжри, лъэныкъуитIми я щыхьэтхэр щысу нэчыхьыр ятхащ. Апхуэдэ махуэхэм Iэнэ къаузэдыркъым, атIэ IэфIыкIэ, псы, шей, кофе хуэдэхэр пщIантIэм щагуэшу аращ. 
А зэманым къриубыдэу щIалэр здэщыIэ унагъуэм джэгушхуэ щокIуэкI. Абдеж дэри щауэ Родин щызэдгъэцIыхури дехъуэхъуащ. СыхьэтитI хуэдизкIэ джэгухэри, щIалэм и ныбжьэгъу гупыр и гъусэу хъыджэбзым я деж кIуащ. 
ХъутIэжьхэ я пщIантIи уэрами гъэщIэрэщIат. Европей щыгъынкIэ хуэпа нысащIэр и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу къафэу дэтт. Щауэр и ныбжьэгъухэр и гъусэу къэсри, нысащIэм сэлам ирихащ, Iэлъыни IэритIэгъащ. Хабзэр арати, Динэ дыщэхэкIхэр тыгъэ хуищIащ. Сурэтхэр зытрагъэхщ, ныбжьэгъухэр бгъэдыхьэурэ ехъуэхъури, торт яупщIэтащ. НыбжьыщIэхэм я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ торт яшхыну ирагъэблагъэри, нысащIэм и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм къахьа IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэри ягуэшащ. 
Нэхъапэм мыпхуэдэ пщыхьэщхьэм щIалэр хъыджэбзым я деж жэщым къыщынэу щытащ, иджы махуэ зыбжанэкIэ нэгъуэщI къалэ макIуэ загъэпсэхуну. 
КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм зэблагъэхэм яубзыху кIэух хьэгъуэлIыгъуэр – нысэишыж джэгур – щыщыIэнур. Дэ хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтакъым, ауэ дыкъэкIуэжа нэужь, Родинрэ Динэрэ я сурэтхэр къытхурагъэхьащ. Абы щыщ адыгэхэм я хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIыр ресторанращ цIыху мин нэблагъэ кърихьэлIэу.
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: