ГазкIэ къызэрагъэпэщ

КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Ахъуэбэч Шамил хэтащ Уф-м и Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа видеоконференц зэIущIэм. Ар теухуат УФ-м и Президент Путин В. В Урысейм щыпсэухэр газкIэ къызэрагъэпэщын и унафэр къэпщытэным. 
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ цIыхухэр щыпсэу щIыпIэхэм газыр ешэлIэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIым. 
Нэхъ пасэу ягъэбелджыла программэм ипкъ иткIэ, КъБР-м щыпсэу унагъуэ 1122-м я псэупIэм газыр ирашэлIэн хуейуэ шытащ. Абы щыщу унагъуэ 354-м я унэм 2021 гъэм газыр ирашэлIащ. 2022 гъэм къриубыдэу адрейхэми лъагъэIэсынурэ, Iуэхур абыкIэ духынущ, - къыхигъэщащ Ахъуэбэч Шамил.
Газыр зэрыкIуэ бжьамийхэм пэжыжьэ унагъуэщIэхэми Iэмал яIэщ пщIэншэу ар я псэупIэхэм ирашэлIэну. Зи унэм газ щIэзышэну хуейм «Госуслуги» порталыр къигъэсэбэпу, газыр зыгуэш IэнатIэхэм лъэIу тхыгъэ яIэригъэхьэ хъунущ.
 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: