ЩIыпIэ жыжьэу Ныуэжьыдзэ![]() А цIэр зезыхьэ бгыр (метр 2948-рэ и лъагагъщ) ди республикэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм итщ, псыхэу Гижгитрэ Урдырэ зыкъыщызэщIакъуэ къуэладжэхэм я зэхуаку дэтщ. Зэрызэщхьэщыха и лъэныкъуэкIэ, Гижгит Бахъсэн хохуэж, Урды Гундэлэн холъэдэж. Бгым зэреджэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэбзэм къытехъукIащ. Ди зэманым куэдым къамыгъэсэбэпыж «ныуэжь» псалъэм къикIыр «фызыжь» жыхуиIэрщ. «Дзэ» пычыгъуэр абы дэщIыдгъужмэ, фIэщыгъэр «фызыжьыдзэ» мыхьэнэм тынш дыдэу зэрыхуэкIуэри нэрылъагъущ. Ауэ щыхъукIи, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар къэзыгъэнэIуэж дэтхэнэми и гупсысэр хуигъэкIуапхъэщ, зи гугъу тщIы Iуащхьэр зыхуэдэм а фIэщыгъэр тезыгъэIукIахэр фIыуэ щыгъуазэу зэрыщытам имызакъуэу, ар зэрыт щIыпIэри я хэщIапIэрэ Iэщ гъэхъупIэу къызэрекIуэкIари.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





