ГущIэгъумрэ цIыхугъэмрэ унэ яухуэф![]() Иджыблагъэ зи унэр мафIэм иса Гъуэгунокъуэхэ я унагъуэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр гузэвэгъуэ хэхуам зыщIагъакъуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIыр. Псыгуэнсу къуажэм дэс Гъуэгунокъуэхэ зыпэщIэхуа гугъуе-хьыр къызэранэкIын папщIэ къуажэдэсхэр зэрадэIэпыкъур, республикэм исхэри лъэныкъуэкIэ къызэрымынар жиIащ КIуэкIуэм. Хэгъэгу унафэщIым къихигъэщащ къуажэдэсхэр зэхыхьауэ яухуэ унэщIэм щхьэкIэ КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщ сом мин 500 зэрыратыр. Гъуэгунокъуэхэ я унэр цIыхубэм я нэIэ щIэту яухуэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Псыгуэнсу къуажэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым махуэ къэс къралъхьэ ар здынагъэсамрэ цIыхухэм ахъшэу къратымрэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
16.03.2025 - 14:48 →
КъэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ
15.03.2025 - 12:44 →
КърихьэлIат нэхъыжьи нэхъыщIи
|