Министрым и пIэкIэ… полицэр къаIущIащ

Ди щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къытщохъу «псом щыщи тIэкIу-тIэкIу» жыпхъэм ит политикэ хъыбархэр.

Китай
Къэралым и щыхьэр Пекин мазаем и 20 пщIондэ щызэхэтынущ XXIV щIымахуэ Олимпиадэр.
Китайр, Швециер, Норвегиер, Польшэр, Украинэр, Къэзахъстаныр зэпеуащ апхуэдэ пщIэ къалъысын папщIэ. Зи кIэн къимыкIа Къэзахъстаныр Китайм къызэрыкIэрыхуар нагъыщиплI къудейт. Китайм и закъуэщ гъэмахуэуи щIымахуэуи и щIыналъэм олимпиадэ щригъэкIуэкIыну къызыхуихуар. Ар Iумпэм зыщIа къэралхэм ящыщщ США-р, Инджылызыр, Канадэр, Австралиер, Новэ Зеландиер, Япониер. Абыхэм я лIыкIуэхэр Олимпиадэм и дауэдапщэхэм хагъэхьэнукъым, ауэ я спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм щызэпеуэнущ.

Франджы
Франджы школхэм я зым и еджакIуэхэм математикэмкIэ къэпщытэныгъэ лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIыну махуэм ирихьэлIэу зыкъаIэтри, еджапIэ пщIантIэм дыхьащ.
ЕджакIуэ щитIым нэс школ дыхьэпIэм деж къэуват, пхъэнкIий идзыпIэхэм я къуагъым зыщагъэбыдэри. ЕгъэджэныгъэмкIэ министрыр къепсэлъэну я гугъа щхьэкIэ, ныбжьыщIхэм я пащхьэм къихутар полицэрщ. Абыхэм я башхэмрэ нэпс къыщIезыгъэху газкIэ зэбграхуащ сабийхэр. Пэжу, а махуэм есэпымкIэ лэжьыгъэр ирагъэтхакъым, ауэ «демократием и удыныр» къатехуащ.

Белоруссие
Урысейм и Краснодар крайм щыщ щIалэ цIыкIу гуэрым Белоруссием и ныпыр иIэну хуейт, ауэ зыщIыпIи щигъуэтыртэкъым. Гришэ куэдрэ мыгупсысэу, и Iуэху зыIутыр президент Лукашенкэ Александр тхыгъэкIэ хуиIуэтащ: «Сэ зэи Белоруссием сыщыIакъым, ауэ фи ныпыр сиIэну сыхуейщи, къэсщэхуну зыщIыпIи щызгъуэтыркъым. Александр Григорий и къуэм пхуэгъэзауэ тхыгъэ ныщIезгъэхьыр Белоруссиер егъэлеяуэ фIыуэ солъагъури аращ. Ин сыхъумэ, си унагъуэр си гъусэу абы сызэрынэкIуэнум шэч хэлъкъым».
Лукашенкэ Александр сабийм и лъэIур жыжьэ имыгъэIэпхъуэу, унафэ ищIащ Белоруссием и ныпыр ныбжьыщIэм хуагъэхьыну. ЩIалэ цIыкIум «и гъащIэ псом зыщIэхъуэпса тыгъэр зэрыIэрыхьар» къыщигъэлъагъуэ видео трихыжри, а псом ищIыIужкIэ цIэрыIуи хъуащ.

США
США-м и дзэхэм мазаем и 3-м яукIащ ИГИЛ (Урысейм щIэпхъаджащIэ гупу къыщалъытэ) зыфIэзыщыжа зэгухьэныгъэм и унафэщI Iэл Къурэйши Iэбу Iибрэхьим Iэл Хьэшими.
«Апхуэдэ щIыкIэу ди цIыхубэмрэ абы и телъхьэхэмрэ я мамырыгъэр тхъумащ. Американхэм хэщIыныгъэ яIэкъым», - хэIущIыIу ищIащ хъыбарыр президент Байден Джо. Ливаным къыщыдэкI «Iэль-Маядин» газетым зэрыжиIэмкIэ, зэхэуэр щекIуэкIар Идлиб щIыналъэм хыхьэ Атмэ къалэращ. Абы щаукIащ лажьэ зимыIэ цIыху I3. «Рейтерс» хъыбарегъащIэм къызэритымкIэ, сыхьэти 3-кIэ екIуэкIа зэхэуэм сабии 6 хэкIуэдащ. ЯукIа щIэпхъаджащIэр илъэс куэдкIэ США-м и бзэгузехьэу лэжьауэ жаIэ.

Тырку Республикэ
Тырку-р НАТО-м хэт къэралщ. Урысеймрэ Украинэмрэ зэригъэкIужыфыну щогугъ мазаем и 3-м Киев кIуэуэ Украинэм и президент Зеленский Владимир хуэза, Тыркум и президент Эрдоган Реджеп. «Путин Владимир Китайм къикIыжмэ, Анкара къытхуеблэгъэну сыщогугъ», - жиIащ тырку лIыщхьэм.
Тыркум Кърымыр Урысейм ейуэ къилъытэркъым, ауэ хы ФIыцIэ щIагъым щIэлъ бжьамийхэмкIэ ирикIуэ «Толъкъун щIыху» газ лъагъуэми, Урысейм деж къыщищэху Iэщэми зыхигъэкIыжыну хуейкъым.

Испание
Урысеймрэ США-мрэ зэIэпаха «ШынагъуэншагъэмкIэ шэсыпIэхэр» хэIущIыIу ямыщIыну жаIа щхьэкIэ, тхыгъэхэр къытехуащ «Паис» испан газетым.
Щэхур наIуэ къэзыщIар жэуапхэр Урысейм и гъусэу зыхурагъэхьа Украинэ лъэныкъуэращ. Урысейр арэзы ищIакъым кърата жэуапхэм. «НАТО-м къригъэхьа тхыгъэм елъытауэ, США-м ейр хабзэ гуэрым тетщ, - жиIащ Лавров Сергей. – НАТО-м къыбгъэдэкI псалъэхэм апхуэдизкIэ езыхэр зыхуейр щыукъуэдиящ, зэгухьэныгъэр къызэрызыфIэщIыжам и щыхьэтщи, ар зытхахэм я пIэкIэ мащIэу сыукIытащ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: