Iуащхьэхэр къызэрыунэхуар

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхакIуэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ Къэбэрдей тIуащIэм я Iуащхьэхэм тетхыхьыу, ягъэщIагъуэу къекIуэкIащ. Нобэми абыхэм хъыбарыжь куэд тражыIыхьыж. Ауэ куэдым ящIэркъым а Iуащхьэхэр къызэрыхъуам и пэжыпIэр. Дэ нэхъ пыухыкIауэ зи гугъу тщIынур Псыхуабэрэ Минводрэ я щIыналъэм хиубыдэ Iуащхьэхэрщ.

КъухьэпIэмкIэ укъикIыу Минвод укъыщыхуэкIуэкIэ, япэу узыIуплъэр сэмэгурабгъумкIэ къыщыт Кинжал бгы лъэлъэжырщ. Зэгуэр а Iуащхьэм метр 507-рэ и лъагагъыу щытащ. Абы и гъунэгъуу Кокуртлы вулканыр къыщытщ. ИжьырабгъумкIэ узыIущIэр Верблюд жыхуиIэ Iуащхьэращ, адэкIэ Бык, Шелудивая, Бешто (ар Iуащхьиблу зэхэтщ: Медовая, Острая, Тупая, Шелудивая, мэз Iувыр «пыIэу» зыщхьэрыс Железная, Развалка, Змеевой). Абыхэм къакIэлъокIуэ Псыхуабэ и Iуащхьитхур: Лысая,  Мэшыкъуэ, Золотой курган, Юцэ, Джуцэ.

Илъэс мелуани I40-I50-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ къуршыжьхэм я тхыцIэр хытIыгу зыбжанэу Тетис хым къыхэщу, мы щIыпIэхэр зэрыщыткIэ псы лъабжьэу щытащ. Илъэс мелуан 30-40 ипэкIэ щIыгу гъущэхэр къэунэхуащ. Ауэ нобэ тлъагъу ди къуршыжьхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къыщыунэхуар илъэс мелуан I5-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Къыхэгъэщыпхъэщи, илъэсым милиметр I5-30-кIэ Кавказым «зеIэт» нобэми.

Сыт-тIэ, Кавказ тхыцIэм пэжыжьэу, дызытепсэлъыхь  Iуащхьэхэр щхьэхуэу къыщIэунэхуар? Псоми зэрытщIэщи, ЩIым и купщIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэкъуалъэри, гъуэзымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэфэм къыдрехуей. Апхуэдэущ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр) къызэрыунэхуар. Минвод и Iуащхьэхэр а щIыпIэм деж илъэс мелуани 4 хъуауэ щытщ, ауэ щIы къэкъуалъэм яужь дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуар илъэс мелуани 3,2-3,8-рэ ипэкIэщ – Iуащхьэмахуэрэ Казбекрэ здэщыт щIыпIэм деж къыщыпхиуду, а вулканхэр къыщыунэхуам щыгъуэ.

Минводрэ Псыхуабэрэ Iуащхьэу щыIэр къызэрыунэхуар апхуэдэущ, абы къыхэкIыу абыхэм «лакколиткIэ» йоджэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, вулкан хъуным  нэмыса. КъэхутакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, зэгуэр  Бешто, Бык, Развалка, Железная Iуащхьэхэм щIы къэкъуалъэр къыдэкIуейти, къикIыну хунэмысурэ жыт, и къикIыпIэр IуищIэжу. Iуащхьэ лъабжьэм щызэхуихьэса гъуэзыр гъуагъуэу щIы лъабжьэм щызекIуэрт, макъ шынагъуэхэр къигъэIуу. ЩIы къэкъуалъэр а щIыпIэхэм деж къыщикIыну къеIащ, ауэ зыкъиIэта мыхъумэ, щIыр къыхузэгуэмытхъыу, адэкIэ Iэпхъуэурэ Iуащхьэмахуэ деж къыщыпхиудауэ аращ.  Уэшхымрэ жьыбгъэмрэ Iуащхьэ зыкъэзыIэтам и щхьэфэр тралъэсыкIырти, гъуджэм хуэдэу джафэ хъужауэ лавэ жар къыщIэщырт.

                И цIэр

урысыбзэкIэ – адыгэбзэкIэ

Лъэгагъыр, м

Кокуртлы (и адыгэцIэр ящIэркъым)

406

Кинжал - Къамэ

506

Верблюд - Махъшэ

885

Бык   -  Гуу

8I7

Змейка   -   Къурей мэзыбг

994

Развалка  (и адыгэцIэр ящIэркъым)

926

Железная - Исмэхьил и Iуащхьэ

853

Медовая  (и адыгэцIэр ящIэркъым)

725

Кабанка (Тупая)  (и адыгэцIэр ящIэркъым)

767

Острая (и адыгэцIэр ящIэркъым)

872

Бештау  - Iуащхьитху

I400

Лысая - Бгыху

739

Шелудивая (и адыгэцIэр ящIэркъым)

874

Машук - Мэшыкъуэ

993

Джуца I-я – Юцэ, Трамэ

973

Золотой Курган – ХьэрэмэIуащхьэ

884

Джуца 2-я (Джуца) - Къумыбг

II90

 

 

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: