Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ![]() Мазаем и 22-м, илъэс къэси хуэдэу, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Шау-Хун къурш щхьэдэхыпIэм цIыхухэр дэкIынущ. ДэкIыныгъэм и пашэу щытынущ дунейпсо класс зиIэ къегъэлакIуэ, ЩIы хъурейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэхэм дэкIа Аккаев Азнаур. ЗекIуэм хэтынущ Iэзагъ лъагэ зиIэ, бгым зыбжанэрэ щыIахэри япэу а Iуэхум пэрыхьэхэри. Гупым хагъэхьэнухэр къыщыхахкIэ, псом япэрауэ, еплъынущ пэщIэдзэ альпинист гъэсэныгъэ ябгъэдэлърэ бгым къыщагъэсэбэпыну щхьэзакъуэ Iэмэпсымэхэр яIэрэ. Ахэр щагъэгъуэзэнущ лъагъуэм и щытыкIэнумрэ бгы-мэзылъэ щIыпIэм зэрыкIуэцIрыкIыну Iэмалхэмрэ. Мы гъэм щхьэдэхыпIэм дэкIыну гупыр бгым щыкIэрыхьэнущ Чаты уэх лъэныкъуэмкIэ, ищхъэрэ мэзылъэ джабэмкIэ. Шау-Хун щхьэдэхыпIэм и щыгум метр 2I53 лъагапIэм щагъэува Кавказым и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъум деж удз гъэгъахэр тралъхьэнурэ Хэкум и хъумакIуэхэм дакъикъэкIэ хуэщыгъуэнущ. ЩхьэдэхыпIэм къехыжа нэужь дэкIыныгъэм хэтхэр Iухьэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Хъущтэсырт къуажэдэсхэм я фэеплъ сыным деж. Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ республикэм АльпинизмэмкIэ, къуршым дэкIынымрэ спорт туризмэмкIэ и федерацэмрэ къабгъэдэкIыу зекIуэм хэтахэм дипломхэмрэ дэкIыныгъэм и сертификатрэ иратынущ. ЗекIуэр къызэригъэпэщынущ «К вершинам» бгы клубым. Ар даIыгъынущ КъБР-м АльпинизмэмкIэ, къуршым дэкIынымрэ спорт туризмэмкIэ и федерацэм, Урысей Федерацэм и МЧС и лъагапIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлъакIуэ гупу Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэм, КъБР-м и мафIэсгъэукIыфI-къегъэлакIуэ IуэщIапIэм, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм, «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
03.12.2025 - 14:29 →
Ныпыр напэщ
| ||





