Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэр зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкъырыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шына­гъуэжщ.

Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIы дагъэр къы­щыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыща­гъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ Iэры­щIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ, зэрызэпкъырылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи Асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. 
И щэбагъкIэ зэхуэмыдэ мывэкIэщхъ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ягъэкъабзэ, щIагъэкI, ягъэ­гъущ, зы кумбыгъэ иракIутэжри битум (проценти 9 ­нэхъыбэ мыхъуу) хакIэж. Асфальтым и фIагъымрэ ар гъуэгум зэрытелъ зэманымрэ зэлъытэжар битумращ. 
Асфальтыр нэхъыбэрэ гъуэгум телъын, жьыр, псыр, уаер, хуабэр, машинэ хьэлъэхэр зэран хуэмыхъун пап­щIэ, ар щагъавэкIэ тхъуэбзащхъуэ (серэ), яжьэ, хьэфэ, нэгъуэщI гуэрхэри халъхьэ. 
ПщIантIэкIуэцIхэм иралъхьагъащIэ Асфальтыр ап­хуэдэу зэранкъым, илъэси 2-5 хъуауэ телъхэм елъытауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэуам хэлъ гъуэз щхъухь куэд зэщIешэ Асфальтым, икIи нэхъыбэрэ телъыху нэхъыбэ зэхуехьэс. ЗэщIишар къыпкъырынэу аракъым, атIэ зэман гуэр дэкIа нэужь, алъандэрэ зэхуихьэса гыныр къеутIыпщыж (псалъэм папщIэ, бзапцIэ (свинец), абы цIы­хур иробауэ, и узыншагъэмкIи къызэрымыкIуу зэранщ. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, автомашинэхэр куэду щызэб­лэкI гъуэ­гущхьэхэм бзапцIэр щынэхъ мащIэщ, пщIантIэ­кIуэцIхэм деж къыщыщахутэм елъытауэ. Ар къызыхэкIыр - машинэм къыпих Iугъуэр жьы зэпихум зэрырихьэ­жьырщ. 
Апхуэдэ къэхутэныгъэм урегъэгупсыс: пщIантIэ­кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ Асфальтым ипIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр телъхьэн хуейкъэ?! Асфальтыр нэхъ пудщ, дауи, дэнэкIи ар щIытралъхьэр гурыIуэгъуэщ. Пэжщ, машинэхэр зэрызекIуэ гъуэгум къозэгъ, ауэ, щIэныгъэлIхэм жаIэм уедаIуэмэ, цIыхухэр, сабийхэр нэхъыбэрэ щызэхэзекIуэ лъэс лъагъуэхэмрэ пщIантIэ­кIуэцIхэмрэ мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIамэ, узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ. 
«ПщIантIэкIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ Асфальт тезылъхьэ машинэшхуэхэр щызэблэкIыфыркъыми аращ ахэр нэхъ псынщIэу къыщIихужыр. IэкIэ яуба Асфальтымрэ машинэм иубамрэ я фIагъыр зыкъым: пщIантIэкIуэцIым телъыр нэхъ щабэу къонэ, махэщ. Апхуэдэм Iугъуэр нэхъ псынщIэу зэщIешэ, гын нэхъыби къыпкъырокIыж, жьымрэ псыIагъэмрэ нэхъ псынщIэуи зэхакъутэж. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ - цIыхухэр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэм мывэ е плиткэ идзынырщ. Пэжщ, абы мылъкушхуэ ихьынущ, ауэ нэхъыбэрэ лэжьэнущ, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъунукъым», - жеIэ УФ-м и Санэпидемнадзорым и технолог нэхъыщхьэ Геральдов Вениамин. 

МИСИНЧУК Роман. ЗэзыдзэкIар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: