Псэм и мылъку гъэтIылъыпIэ

Бзэр - псэм и мылъку гъэ­тIы­лъыпIэщ, лIэщIыгъуэ куэдкIэ цIыхум зэхуихьэсам и хъумапIэщ. Хьэуэ, ар ахъшэкъым, мывэ лъапIэкъым. Абы и лъапIэныгъэр нэгъуэщIщ: макъамэу зэхэпх псалъэхэрщ, уэрэду къэIу псалъэ пычыгъуэхэрщ. Лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, губжьым и псалъэхэрщ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм я псалъэхэрщ. Абы нэмыщIу ­Iущыгъэ ин зыщIэлъ жыIэгъуэхэрщ, псалъэжьхэрщ, пэж куэд къэзыIуатэ гушыIэ хъыбархэрщ. АдэкIэ къеб­бжэкIмэ, уи гум хыхьэ усэхэрщ, уэрэдхэрщ, тхылъ Iущхэрщ. Ар псори бзэм и мылъкущ.

ХамэщI щыпсэу цIыхум и дежкIэ сыту гуфIэгъуэшхуэ и анэдэлъхубзэр зэхихыныр! Зы анэбзэ псалъэм и ­къару илъщ уигъэхъужыну, уи гур къи­Iэтыну, уи гъащIэм гуфIэгъуэ къыхихьэну.
Бзэ, сыту куэд пхузэфIэкIрэ! Уи мы­цIыхугъэр ныбжьэгъу бощIыф, цIыху­хэр зэкъубогъэувэф, лъэпкъым къару ин хыболъхьэ. Ауэ, махуэ къэс бзэр ­къагъэсэбэпми, куэдрэ къохъу цIыхум абы хуэфащэ пщIэ хуимыщIу. Хамэбзэм къыхэкIа псалъэ куэдкIэ ар якудэ. Абы къыдэкIуэу, лъэпкъым и мылъку хъумапIэм хадз уасэшхуэ зиIэ, лIэщIыгъуэ мымащIэ зи ныбжь Iущыгъэхэр. И нэхъыбэм цIыхум и бзэр ­игъэлъэпIэн щыщIидзэр хамэщI къы­щыщыхутэм дежщ. 
Уи щIыгум къытеуэу ар зыубыдахэр псом япэу иужь йохьэ бзэр ягъэ­кIуэдыным. Сыт щхьэкIэ? Бзэр щы­мыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Нэхъ лъапIэу иIэр трахри, и щIыгум хамэр тепщэ щохъу. Бзэр зыфIэкIуэда лъэп­къымрэ псэншэ, лъапсэншэ цIыхумрэ зэщхьщ. Апхуэдэ цIыхум лъапIэныгъэ иIэкъым, ар зыми епхакъым.
Бзэншэ лъэпкъыр щIэщIыкI зимыIэ унэм ещхьщ. Жьыбгъэ къепщамэ, унэр зэтощащэ. ЦIыхухэри апхуэдабзэщ - зэбгрощэщ. Анэдэлъхубзэ! Лъэп­къым урипсэщ Уэ! ИгъащIэкIи дунейм утетын, лIэщIыгъуэхэм уап­хы­кIын папщIэ, утхъумэнущ, ди Бзэ дыщэ!

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: