Жако кIапэ плъыжь

Бзу хьэлэмэт куэд щопсэу дыкъэзыухъуреихь дунейм. Абыхэм ящыщ зы фэзгъэцIыхуну сыхуейщ. Абы зэреджэр жако кIапэ плъыжьщ. Ар икъукIэ бзу дахэщ. И теплъэкIэ щхъуафэ-яжьафэщ, и пэр фIыцIэщ, и лъакъуэхэр бдзапцIафэ-хужьыфэщ, и кIапэр плъыжьыбзэщ. Абы къыхэкIыуи жако кIапэ плъыжькIэ йоджэ.

 Мы бзу хьэлэмэтым и хэкур Африкэ КъухьэпIэращ. Ар нэхъыбэу щыпсэур мэз Iув здэщыIэ щIыпIэхэрщ.

 ЩIыуэпсым хуиту щыпсэумэ, жако кIапэ плъыжьым абгъуэ щеухуэ жыг лъагэхэм я ку гъуанэхэм. ДжэдыкIищ-плIы егъэтIылъри, мазэ зэрыдэкIыу бзу шыр цIыкIухэр къреш. ГъэщIэгъуэнракъэ, бзу шырхэр дунейм къызэрытехьэу, анэм ахэр къегъанэри махуэ зыбжанэкIэ къэтщ, а зэманым а цIыкIухэр бзуухъум егъашхэ, яхуосакъ. ИтIанэ бзу анэм къегъэзэж.

 Мэзым щыпсэумэ, жаком и шхыныгъуэхэм ящыщщ пальмэхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр, жыг тхьэмпэхэр, удз жылэхэр. Ауэ, псэуалъэхэм щаIыгъ бзум и шхыныгъуэхэр нэхъ къулейуэ щытын хуейщ. Пхъэщхьэмыщхьэхэм нэмыщI, мыбыхэм яфIэфIщ дэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нартыху хьэдзэхэр, мэракIуэхэр.

 Жако кIапэ плъыжьыр унэм щаIыгъыну яфIэфIщ цIыхухэм. Бзу губзыгъэ дыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, укIэлъыплъынуи тыншщ. Попугай лъэпкъыгъуэм щыщхэм мыбы хуэдэу зэхих макъхэр зыгъэIужыф яхэткъым. АпхуэдизкIэ гурыхуэщи, зэхих псалъэхэм ящыщу щэм щIигъу игу иреубыдэ. Псалъэхэр ауэ къипсэлъ мыхъуу, хьэпшып ебгъэлъагъум зэреджэр жиIэу ебгъэсэфынущ ар. Телефон къеуэ, бжэ Iух, шейныч фий макъхэм ещхь дыдэу запещIыжыф. Ауэ, цIыхуми хуэдэу, зи гугъу сщIы бзу лIэужьыгъуэм къахокI зи зэфIэкIхэр нэхъыби, нэхъ гугъуу гъэса хъухэри.

 Мы бзу дахэр унэм щаIыгъыну мурад зыщIахэм, мыбы хьэл-щэн гъэщIэгъуэн зэриIэр ящIапхъэщ. Жаком нэхъыбэм и закъуэну нэхъ къещтэ, унафэ хуэпщIыну фIэфIкъым, бзэ щабэкIэ фIэкIа уепсалъэ хъунукъым. Угузавэмэ, е упIейтеймэ жаком убгъэдэмыхьэмэ нэхъыфIщ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум и щытыкIэр бзум къещтэ. Ину упсалъэмэ, укIиймэ, мыхэри нэхъ иныжу мэкIий. Аращи, мы бзу хьэлэмэтым уи унэр игъэдэхэну ухуеймэ, шыIэныгъэ пхэлъу убгъэдэтын хуейщ, усэ цIыкIум зэрыжиIэм хуэдэу, ар мытхьэусыхэн папщIэ:

Сытым дежи сисщ гъущI хъарым -

Жэщи махуи, - сыужэгъуащ.

Сытесынти жыг къудамэм,

Африкэм сыщыIэжам.

КъысфIащари сыт и уасэ -

Ванька - черт! Ар дауэ цIэ!

Джэдуужьри къызохъуапсэ -

И шхыныгъуэм сахибжау.

Япэ къэсыр къызолъэIу

ХужысIэну сэ «ФIэхъус».

Сурэт куэдхэр къыстырах,

Щыкъун IэфIхэр схуракIут.

ШЫПШ Даянэ.
Поделиться:

Читать также: