«Урысейм и гъущI гъуэгухэм» и гъусэу уи нэгу зегъэужь» проектым нэгъабэ лъандэрэ цIыхубэр дихьэхауэ, щIэупщIэр нэхъыбэ хъу зэпытщ. Абы къыхэкIыу 2022 гъэм зрагъэубгъури, «Жемчужина Кавказа» мафIэгу-хьэщIэщым и гъуэгум хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ. Шэрхъ зыщIэт хьэщIэщыр махуиблкIэ нэгузегъэужьыпIэ къызэрымыкIуэу къыфхущIэкIынущ. Абы мэлыжьыхьым и 30-м лэжьэн щIидзэнурэ фокIадэм и 24 пщIондэ тхьэмахуэ къэс гъуэгу техьэнущ.
Москва къыщежьэу мафIэгур Мейкъуапэ, Налшык, Грознэ, Мэхъэчкъалэ, Дербент, Кисловодск къалэхэм дыхьэнурэ къалащхьэм игъэзэжынущ. А щIыпIэхэр зэпызыщIэ гъуэгум жэщым тетынущ, махуэм къедбжэкIа къалэхэм къыщыувыIэнущ.
ЗыгъэпсэхуакIуэхэр пщэдджыжьым мафIэгум къикIыурэ хэгъэгухэм я щIыпIэ нэхъ дахэхэм жэщ хъуху зыщрагъэплъыхьынущ.
Апхуэдэ зекIуэ телъыджэм хэтыну гукъыдэж зыщIахэр Москва махуэм сыхьэт 11-м къыщитIысхьэнурэ етIуанэ пщэдджыжьым Мейкъуапэ къэсынущ. МафIэгум исхэм пщэдджыжьышхэ ирагъэщIынущ. ИтIанэ автобускIэ бы- сым республикэм и щIыпIэ дахэхэм яшэнущ. Адыгей программэм хагъэхьащ щIыналъэм и тхыдэм, хабзэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыгъуазэ ухуэзыщI Iуэхугъуэхэр. ХьэщIэхэр яшэнущ аммонитхэм я музейм, ирагъэлъагъунущ Лагъуэрэ-Накъэрэ бгыщхьэ тафэр, адыгэ пщэфIапIэм щагъэшхэнущ.
ЗекIуэ къежьахэр пщыхьэщхьэхуэкIуэм мафIэгу-хьэщIэщым итIысхьэжынурэ гъуэгу теувэжынущ. КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым ахэр къытехьэнущ Налшык гъущI гъуэгум. Къэбэрдей-Балъкъэрым абыхэм щалъагъунущ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ бгыр - Iуащхьэмахуэ. ЗыплъыхьакIуэхэр Азау станцым яшэнурэ, Гара-Баши нэс кIапсэ гъуэгукIэ дэкIуеинущ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыIуагъэхуэнущ, Нарзан аузым яшэнущ.
СыткIи зыхуей хуэгъэза мафIэгум жэщым зыщагъэпсэхунурэ, пщэдджыжьым Грознэм къыщикIынущ. «Грозный-Сити» унэ зыхэтым зыщаплъыхьынущ, «Шэшэным игу» мэжджытыр, къалэм и нэгъуэщI щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъунущ, шэджагъуэ нэужьым бгылъэ нэгузегъэужьыпIэхэм яшэнущ. Пщыхьэщхьэм Грознэм дэт рестораным щышхэнурэ, адэкIэ гъуэгу техьэжынущ.
ЗыгъэпсэхуакIуэ ежьахэр етхуанэ махуэм щепсыхынущ Дагъыстэным. ЩIыпIэ хэха-хэмкIэ къулей хэгъэгум программитI иIэщ, еблэгъахэм зы- хуейр къыхахыу. Зым хохьэ Чиркей псы хъумапIэм и зыплъыхьыпIэ утыкур, Сулак псы къуэкIийр, бдзэжьейкъуэлэн щагъэхъу IуэхущIапIэр, нэгъуэщIхэри. ЕтIуанэм къызэщIеубыдэ Дербент, Нарын-Кала хуэдэ щIыпIэ цIэрыIуэхэр.
Еханэ махуэм Минеральные Воды нэсынурэ, Псыхуабэ дэтынущ, Лермонтовым и фэеплъ здэщыIэ щIыпIэхэм зыщаплъыхьынущ, шхапIэм шэджагъуашхэ щащIа нэужь, Кисловодск яшэнущ. Абыи щызэбгъэлъагъунур гъунэжщ - Шаляпин и дачэр, Солженицыным и фэеплъыр, макъамэ зыщIагъэува псыутхыр (псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къанокъуэ Арсен иригъэщIар), къалэм и уэрам нэхъ гъэщIэрэщIар, нэгъуэщIхэри.
Минеральные Воды и къалэ дахэхэм иужькIэ, мафIэгум ис-хэм Москва ягъэзэжынущ.
МахуэщIэ къэс къалэщIэ укъыщикIыу укъезышэкI мафIэгу-хьэщIэщым тыншу упсэун папщIэ узыхуей псори хэтщ. Вагонхэр я фIагъ елъытауэ зэщхьэщокIри, узыхуейр къыхыбох, уеблэмэ уи закъуэу узыщIэлъ пэш иIэщ, езым и зыгъэпскIыпIи хэтыжу. Абы къищынэмыщIауэ, мафIэгум хэтщ вагон-ресторан, вагон-бар, вагон-зыгъэпскIыпIэ.
Узыхуей тIысыпIэм елъытауэ уасэхэри зэщхьэщокI. Билетым хохьэ гъущI гъуэгупщIэр, экскурсие узышэ транспортым и уасэр, зыплъыхьыпIэхэм щIат пщIэр, мафIэгум щыпщI пщэдджыжьышхэмрэ къалэм шэджагъуэм узэрыщышхэмрэ ятехуэ уасэр.
Урысейм и Ипщэ, Ищхъэрэ щIыналъэхэм я дахагъымрэ щыпсэу лъэпкъхэм я хьэщIэ егъэблэгъэкIэм и беягъымрэ кърипщIэну, уи хэку уи нэгу зыщебгъэужьыну Iэмал гъуэзэджэщ «Урысейм и гъущIгъуэгухэм» къызэригъэпэща зекIуэ телъыджэр. Гуапэ лейщ абы Къэбэрдей-Балъкъэрри зэрыхэтыр.
Мейкъуапэ

Дербент

Кисловодск

Грознэ