КъегъэлакIуэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI![]() Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэкIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэнэмэ, гъэункIыфIынымрэ. Заводыр ящыщщ щытыкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъуну объектхэм икIи апхуэдэ къэмыхъун папщIэ илъэс къэс зыгъэсэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Апхуэдэхэм деж наIуэ къохъу къегъэлакIуэхэр, IуэхущIапIэм и администрацэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къикIынымкIэ IэнатIэхэмрэ зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэжьэфынур.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||






