Къэрал ныпыр щаIэтынущ, гимныр къыщрагъэуэнущ

КъБР-м Террор щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Прави­тельствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм и пэщэдзэм  КIуэкIуэ Казбек егъэджэныгъэм пыщIа къэрал къулыкъущIэ-хэм пщэрылъ ящищIащ УФ-мрэ Къэбэрдей-­Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэмрэ гимнхэмрэ ехьэлIа дауэдапщэхэр курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщы­-ну. Къэрал ныпхэр Iэтыным ехьэлIа япэ Iуэху­гъуэхэр накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу къызэра-гъэ­пэщыну я мурадщ. ЩIыналъэм ит еджапIэхэм апхуэдэ дауэдапщэхэр иужькIи щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкIынущ. «УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIамкIэ, нып­хэмрэ гимнхэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр екIуу къы­зэгъэпэщауэ, абыхэм я лъапIэныгъэм елъы-         тауэ хэIэтыкIауэ егъэкIуэкIыпхъэщ», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
АдэкIэ транспортымрэ транспорт хуэIухуэ­щIэхэмрэ епха IуэхущIапIэхэр террор щIэпхъаджагъэхэм щыхъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, уэгу гъуэгухэмрэ ­гъущI гъуэгухэмкIэ IуэхущIапIэхэр, автовокзалхэр, транспорт екIуэлIапIэхэр зэрыкIэлъыплъ ­камери 180-кIэ къызэрагъэпэщащ, ахэр псори гъуэгу хуэIухуэщIэхэр зезыгъакIуэ къулыкъущIапIэм и «ЩIыналъэ шынагъуэншэ» системэмрэ полицэм и плъыр IэнатIэмрэ епхащ.
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Васильев Сергей, КъБР-м про­мышленностымрэ энергетикэмкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, КъБР-м курортхэмрэ туриз­мэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат сымэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэр, курортхэмрэ санитар къабзагъэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэ­хэмрэ, турист-зыплъыхьакIуэ IэнатIэр террор шынагъэм пэIэщIэ щIыным, абы епха щIэп­хъаджагъэхэр  къэмыгъэхъуным ехьэ­лIа я къэп­сэлъэныгъэхэм едэIуа нэужь, Iэтащ­хьэм къалэн зыщащIыжа Iуэхугъуэхэр гъэ­зэ­щIэным нэхъ егугъуну, шынагъуэншагъэр ­къы­зэ­гъэпэщыным- кIэ жэуап зыхьхэм я бгъэдыхьэкIэр ягъэткIиину унафэ яхуищIащ.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щытеп­сэ­лъы­хьащ накъыгъэ мазэм екIуэкIыну махуэш­хуэхэмрэ пэкIухэмрэ я шынагъуэншагъэми. Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэм, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ щри­къу махуэм ирихьэлIэу екIуэкIыну пэкIухэм  я къызэгъэпэщыкIэ хъунум, щIэпхъаджагъэ къэмыгъэхъунымкIэ хуэунэтIауэ зэфIагъэкIынухэм я гугъу ящIащ хабзэхъумэ къулыкъу­щIапIэхэм я лIыкIуэхэм. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэхуэсым кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ а махуэхэм ирихьэлIэу щIыналъэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ Iуэхугъуэ-хэм.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэтхэр къыхури-джащ Полк уахътыншэм зыхуагъэхьэзырыну. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ эпидемие щытыкIэм Iэмал къыдет абы ехьэлIа пэкIур къызэдгъэпэщыну, цIыхухэр зэхэдгъэхьэну. Ар Iэтауэ зэрытщIынум фегупсыс», - жиIащ Iэтащ­хьэм.
ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ и лIыкIуэм егъэ­щIылIауэ КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэр, къулыкъущIапIэхэм, щIыналъэхэм щIыпIэ уна­фэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: