ЩIыуэпсым я нэIэ трагъэт

КъБР-м и Парламентым щы­зэхэт Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс мэ­лыжьыхьым и 28-м зи чэзу зэ­IущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэпсыр къы­зэрагъэсэбэпым теухуауэ щыIэ хабзэхэр зыхуэдэмрэ Жылагъуэ советыр 2022 гъэм зэлэжьыну и мурадхэмрэ.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэр, советым хэтхэр.
КъБР-м и Парламентым ­Мэ­къумэш IуэхухэмкIэ, щIы­уэп­сыр къэгъэ­сэ­бэ­пы­ным­рэ ­ды­­­къэ­зыухъуреихь дунейр хъумэ­нымкIэ и комитетым и уна­фэщI ТекIушэ Артур теп­­­сэ­­лъыхьащ къаIэта Iуэхум ехьэ­лIауэ республикэм къыщащта законхэм. Абыхэм ящыщщ ­«КъБР-м гулъытэ хэха яIэу ща­хъумэ щIыпIэхэм ятеухуауэ», «ЩIыщIагъ фIыгъуэхэм я IуэхукIэ», «Тхылъ Плъыжьым теу­хуауэ», «Дыкъэзыухъуреихь дунейр  хъумэным ехьэлIауэ», «Мэз Iуэхухэр къызэрызэрагъэ­пэщыр», «Псэущхьэхэр щып­сэу щIыпIэхэр хъумэным и IуэхукIэ», «КIэрыхубжьэ­-                 ры­хухэм теу­хуауэ», «Хьэуам и ­къабзагъэм и IуэхукIэ», «Псы-е­жэххэр хъумэ­нымрэ къэгъэсэбэпынымрэ теу­хуауэ» ­КъБР-м и законхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха яIэу щахъумэ щIы­пIэхэм я гугъу щищIым, ТекIушэ Артур жиIащ псэущ­хьэхэр щыпсэу щIыпIэхэм 2021 гъэм къэрал къэпщытэ­ны­гъэхэр зэ­ры­щ­рагъэкIуэ­кIар. Абыхэм къы­­зэрагъэлъэгъуамкIэ, рес­пуб­ликэм и Тхылъ Плъы­жьым ихуа псэущхьэ лIэужьы­гъуэхэм ящыщхэм ­зы­­къаужьыж. Къи­щынэ­мы­щIауэ, хьэкIэкхъуэ­кIэхэр къэ­зыукIхэм я нэIэ тетын хуэдэу, «Малкэ Ипщэ» мэзгъэ­фIэным деж кIэлъыплъакIуэ­хэм я хэ­щIапIэ ягъэуващ.
- Гулъытэ хэха яIэу яхъумэ щIы­пIэхэм хабзэр щагъэзэ­щIэн папщIэ, къэпщытэныгъэ лэ­жьыгъэхэр йокIуэкI, ап­хуэ­дэуи абыхэм я къабзагъэм кIэ­лъыплъу щэбэт щIыхьэхухэр къызэрагъэпэщ. Хабзэншагъэу нэхъыбэрэ къэхъухэм ящыщщ кIэрыхубжьэрыхухэр зэры­хы­фIадзэр, Iэщэ зыIыгъ а щIы­пIэхэм узэрыщрихьэ­лIэр, ­бдзэжьей къызэрау­бы­дыр, къэ­рал, фэеплъ щIыпIэу ялъы­тэхэм удзхэр зэрыщагъэсыр, ­нэгъуэщIхэри, - жиIащ къэпсэ­лъам.
ТекIушэм къыхигъэщащ республикэм къыщыщIах щIы­щIагъ фIыгъуэхэм псоми зэхэту 2021 гъэм проценти 5,1-кIэ зэ­ры­хэхъуар.
КIэрыхубжьэрыхухэм къы­щы­теувыIэм, абы къыхигъэщащ лэжьыгъэхэр «Экология» лъэпкъ Iуэхум хыхьэ «Къэрал къабзэ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ зэрагъэзащIэр. Мы зэманым зэфIагъэкIащ I - V классхэм хиубыдэ, шына­гъуэ зыпылъ кIэрыхубжьэры­хухэр ­хабзэм къемызэгъыу щракIут щIыпIэхэр гъэсеижыным и япэ Iыхьэр.
- Республикэм махуэ къэс ­радиацэм щыкIэлъоплъ. Ап­хуэдэ лэжьыгъэхэр метео- с­танцитIым щрагъэкIуэкI. Хьэ-уар зыуфIей зыри щатхакъым. Роспотребнадзорым и управленэу КъБР-м щыIэм зэриубзыхэмкIэ, хьэуам зэраныгъэ нэхъыбэу къы­хуэзыхьыр автомобиль транспортырщ, - дыщIигъуащ къэп­сэлъам.
ТекIушэр тепсэлъыхьащ ­псые­жэххэм я Iуфэхэр гъэ­быдэн зэ­рыхуейм. Абы и IуэхукIэ 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэ-хэм ятещIыхьауэ ягъэзэщIэн ­хуейхэм текIуэдэну мылъкур зы­хуэдэр къыщыгъэлъэгъуа проектхэр зэхагъэуващ. Дэф­тэрхэр Псы IуэхухэмкIэ феде­ральнэ агентствэм ирагъэхьащ, ауэ, къэп­сэлъам къызэры­хигъэщамкIэ, хухах ахъшэр ящIэну къапэ­щылъым хури­къуркъым.
«КъБР-м мэз Iуэхухэр зэры­щызэрагъакIуэм теухуауэ» ­КъБР-м и Законым къыщы­теувыIэм, ТекIушэм жиIащ иужьрей  зэхъуэкIыныгъэхэр  2021 гъэм мэлыжьыхьым и         19-м зэрыхалъхьар. Абы тету мэзхэр зэрахъумэр къепщытэ КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмкIэ и министерствэм, республикэм и МВД-р и гъусэу. Псом хуэмыдэу кIэлъоплъ хабзэм къемызэгъыу жыг ирамыупщIыкIыным.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Экологистикэ» щIыналъэ операторым и лэжьыгъэм жыла­гъуэр арэзы къызэримыщIым, Налшык къалэм ТекIуэныгъэм и жыг хадэр зэIузэпэщ зэрыщы­щIыпхъэм, щIыщIагъ фIыгъуэ­хэр къызэрыщIахым хуэзэ на­логым ипкъ иткIэ щIыналъэ ­бюджетым къыхэхъуэр зы­хуэдизым, нэгъуэщIхэми.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: