Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 2I-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, «2022 гъэм и гъатхэм цIыхухэр дзэм гъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ къищтахэм, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
 а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
хэгъэхьэн Абрэдж Л.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Республикэ сымаджэщ» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутырыр- офтальмологыр;
къыхэгъэкIыжын Ашэбокъуэ А.Л;
б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм и гуп къуэдзэм:
хэгъэхьэн Бацу И.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Республикэ клиникэ сымаджэщ» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутырыр-офтальмологыр;
къыхэгъэкIыжын Гончаровэ И.С.;
в) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм:
Бахъсэн къалэ округым дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
хэгъэхьэн Елмэс А.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ);
къыхэгъэкIыжын Сосналы М.А.;
Бахъсэн муниципальнэ районым дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
хэгъэхьэн Елмэс А.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
къыхэгъэкIыжын Сосналы М.А.
 Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
хэгъэхьэн Елмэс А.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэр)
къыхэгъэкIыжын Сосналы М.А;
Май муниципальнэ районым дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм хэт Саенкэ Т.В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын «Май мунииципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (комиссэм и унафэщIщ)»;
Тэрч муниципальнэ районым дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
хэгъэхьэн Шэрджэс М.З. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Тэрч муниципальнэ районым и дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ);
къыхэгъэкIыжын Елмэс А.Т.
2.    Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м №144-УГ

Поделиться: