Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ЩIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэужьыгъуэм хэгъэхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм накъыгъэм и 4-м Налшык къалэ №99-ПП

Прохладнэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм №52-1.1.12/7372-м щIэту 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м, Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым щыщ Дзэлыкъуэкъуажэ къалэ жылагъуэм и щIыналъэ администрацэм №24-330-м щIэту 2022 гъэм мазаем и 7-м къагъэхьа лъэIухэм хэплъауэ, «ЩIыхэр, щIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэужьыгъуэм зэрыхагъыхьэ щIыкIэм и IуэхукIэ» 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къащта Федеральнэ закон №172-ФЗ-м и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьям япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. Мэкъумэш щIапIэу щыт щIыхэм къыхагъэкIыу промышленностым, энергетикэм, транспортым, связым, радиовещанэм, телевиденэм, информатикэм хухах щIыхэм, космосым щылэжьэныр къызэгъэпэщынымкIэ щIыхэм, зыхъумэжыныгъэр, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щIыхэм, коммунальнэ кIэрыху-бжьэрыху быдэхэмрэ унагъуэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ я хъумапIэ щIыхэм хэгъэхьэн:

07:04:5300000:28 кадастр номер зиIэ, метр зэбгъузэнатIэ 20000 хъу, Прохладнэ муниципальнэ районым хыхьэ Солдатскэ станицэ жылагъуэм и гъунапкъэхэм хиубыдэ щIы Iыхьэр;

07:02:2000000:198 кадастр номер зиIэ. метр зэбгъузэнатIэ 43569-рэ хъу, Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым щыщ Дзэлыкъуэкъуажэ къалэ жылагъуэм и гъунапкъэхэм хиубыдэ щIы Iыхьэр.

2. Къэрал мылъкур тхынымкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм чэнджэщ етын зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр ямыгъэIэпхъуэ мылъкумкIэ къэрал реестр зэгуэтым иритхэжыну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

 

«Псы къабзэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэ программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм накъыгъэм и 4-м Налшык къалэ №103-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

«Псы къабзэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэ программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м къыдигъэкIа унафэ №131-ПП-мкIэ къищтам, хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» Союзымрэ зэщIыгъуу 20I6 гъэм мазаем и 1-м къащта унафэ №10-ПП/2-1р-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм накъыгъэм и 4-м Налшык къалэ №104-ПП/27-р

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзымрэ унафэ ящI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» Союзымрэ зэщIыгъуу 2016 гъэм мазаем и 1-м къащта «Сабийхэм загъэпсэхуныр, абыхэм я узыншагъэр гъэбыдэныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщызэгъэпэщыныр» унафэ №10-ПП/2-1р-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) преамбулэм и 15-нэ пунктым хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» Союз» псалъэхэр зыхуэфащэ падежым иту зэхъуэкIын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союз» жиIэу;

б) 19-нэ пунктым хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» Союзым и Аппаратым и унафэщI, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэ» Союзым и унафэщIым и къуэдзэм и къулыкъур жылагъуэ къалэну зыгъэзащIэ Двуреченский А. В.» псалъэхэр зэхъуэкIын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и унафэщIым и къуэдзэм и лэжьыгъэр жылагъуэ къалэну зыгъэзащIэ Кульгавэ В. А.» жиIэу.

2. Сабийхэм зегъэгъэпсэхуныр, абыхэм я узыншагъэр гъэбыдэныр къызэгъэпэщынымкIэ Правительствэм и комиссэм, ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Правительствэм и комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Алъхъэс А. А.- Тэрч муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

Iэрэмысэ А. М. - Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ подразделенэхэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

Вэрмахуэ А. М. - ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм лэжьыгъэмкIэ (лэжьыгъэр хъумэнымкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)

ПщыцIыкIу А. Къ.- Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

СокIыл А. А. - Аруан муниципальнэ районым и щIыналъэ администраэцм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)

Шаваев И. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ турзмэмкIэ и министрым и къуэдзэр;

б) Шаваев Т. Т. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и унафэщIым и къуэдзэм и лэжьыгъэр жылагъуэ къалэну здезыхьэкIыр (Правительствэм и комиссэм жэуап зыхь и секретарщ)»;

в) Правитеьствэм и комиссэм къыхэгъэкIыжын Атэлыкъ Ф. М., Золотарев В. Ф., КIэрэф Р. Хь., Клешня Л. С., Къущхьэ Р. Л, Семэн П. Г., Сумаев А. Хь., Тхьэбысым Т. Хь. сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и УнафэщI АМЩОКЪУЭ ФатIимэт.

Поделиться: