Адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ

Тхыдэдж-бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъы­тэм­кIэ, адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ауэ щы­хъукIи, абыхэм куэд щIауэ яIэщ ахэр адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ нэхъыщхьэхэм халъытэ ныпри. 

Адыгэхэм ящыщ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ лIа­къуэми дамыгъэ щхьэхуэрэ тхьэбзэрэ зэрахьэу къекIуэкIащ, апхуэдэ дыдэуи, нып зэхуэщхьэхуэхэри яIагъэнущ. Тхыдэм къызэ­рыхэщыжымкIэ. мы лъэхъэнэм дызэрыгушхуэ ныпым и иджырей теплъэр 1830 гъэм хагъэунэхукIащ. АтIэми, зи ­гугъу тщIы «нагъыщэр» лъэпкъым щыщ лIакъуэ псоми я зэдайуэ яубзыхун ипэ, а Iуэхум адыгэ хасэхэр куэдрэ хэплъащ. А бэракъым хуэдэ зы, сэри сригушхуэрэ ини срихъуу, си пырхъуэ лейм щыпыздзащ, вагъуэ 12-рэ шабзищрэ зытет щэкIри си пIэм деж кIэрыIулIащ.
Тхыдэдж икIи тхакIуэ Хъуажь Фахъри зэритхымкIэ, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм адыгэхэр къудамэ 16 хъууэ щытащ. Ахэр, ­къедбжэкI хъумэ, абазэхэ, адэмей, бжьэдыгъу, беслъэней, еджэрыкъуей, жэней, къэбэрдей, кIэмыргуей, мамхэгъ, мэ­хъуэш, нэтхъуэдж, хьэкIуцу (хьэкIув), хьэтыкъуей, ша­псыгъ, хэ­гъакIэ, убых жыхуаIэхэрат. Уеблэмэ нэхъ жыжьэжу дызэIэ­бэкIыжынщи, адыгэ лIакъуэхэр 19 хъурт. 
1830 гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэ ныпыр ягъэлъапIэу ­къекIуэкIами, а гъэхэм абы и теплъэу щытар нэгъуэщIщ. 
1835 - 1837 гъэхэм хасэхэм къагъэсэбэпа ныпым тетар ва­гъуи 10-рэ шабзи 2-рэщ. 1838 гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэ лъэпкъым къагъэсэбэп ныпыр, вагъуэ 12-рэ шабзищрэ зытетыр, хэзыдыкIар Уэсмэн (Тырку) къэралыгъуэм а лъэхъэнэм щыпсэуа адыгэ цIыхубзщ. Ныпыр Хэкум къизыхьэжар Гъырцыжь (Хъырцыжь) СулътIаныкъуэщ. (Фигу къэдгъэкIыжынщ ныпыр зыщIамрэ ар Хэкум къэзыхьамрэ теухуа хъыбархэр зэрызэщхьэщыкIыр - «АП»-м и редакцэ). 
Ауэ щыхъукIи, «ныпым тетым наIуэу къикIыр мыращ» жаIэу зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. И нэхъыбэм зэрагугъэр вагъуэ 12-р - адыгэ лIакъуэ 12-рауэщ, шабзищыр - зэныбжьэгъугъэ зи зэ­хуаку дэлъ уэркъищырщ. 
АтIэ, къыхэзгъэщынщи, а псоми, сэ къизгъэкIыр нэ­гъуэщIщ. Ныпыр щIэщхъуантIэр, адыгэхэр зэрыс щIыналъэр удзылъэщ, берычэтщ, хъуэпсапIэщ, пшахъуэщIкъыми аращ. Вагъуэ 12-р - илъэсым и мазэ 12-щ, шабзэшэу 3-р - Iэщэщи, иризауэу аращ. 
Ди лъэпкъым и бийхэр тафэмкIи тенджызымкIи къащытеуэу щытащ. АтIэми, къэдбж хъумэ, зэрыпхъуакIуэхэр илъэс 200 зэкIэлъыкIуэм къриубыдэу, псори зэхэту, 63-рэ къытеуащ адыгэ­щIым. Къыхэдгъэщынщи, тэтэрхэмрэ монголхэмрэ зэгъусэущ къызэрыдэзэуар. Абы яужь иту Тамерлан къыдэбгъэрыкIуащ. А зауэшхуэхэм къакIэлъыкIуащ ди Хэкум нэ ­къезыща уэсмэнхэмрэ кърым тэтэрхэмрэ. Къанжал зауэрщ абыхэм кIэ езытар. Мыдрейуи, ищхьэкIи зэрыщыжысIащи, урыс пащтыхь къэралыгъуэжьыр илъэси 101-кIэ къыдэзэуащ. 
Хамэ щIыпIэ къикIахэр ди лъэпкъым къыщытхъуу зэры­щытам хуэдэу, дызэфIэувэжыну Тхьэм жиIэ! ЩIалэгъуалэм сыныволъэIу икIи сыфщогугъ, адыгэ ныпым и къекIуэкIы­кIамрэ лъэпкъым и нэгу щIэкIамрэ зыщывгъэгъуэзэну, ар флъытэну.

ТАТЫМ Хьэзрэталий, Къулъкъужын Ипщэ къуажэ.
Поделиться: