Бадзэуэгъуэ мазэр къэсыхуБгы-лыжэ спортым дихьэххэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр щиухынур бадзэуэгъуэм и 3-м нэсыху ягъэIэпхъуащ. Апхуэдэ унафэ иджыблагъэ къыщащтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Iуащхьэмахуэ» курортым. Мы щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэм дихьэххэм папщIэ хаша Гарабаши-Мир гъуэгур ди къэралым и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэм хеубыдэ. Абы зыщызыгъэпсэхухэм кIапсэ гъуэгум и уасэмкIэ худачых икIи абонементхэр нэхъ пуду иращэ. Иджыпсту лыжэ къэжыхьыпIэм уэсышхуэ телъщ икIи абы пщэдджыжь нэхулъэм щегъэжьауэ зыщагъасэ бгы-лыжэ спортымкIэ урысей командэ къыхэха зыбжанэм хэтхэм. Пэжщ, курортым и лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу дунейм и щытыкIэм пыщIащ. ЗыгуэркIэ зэуэ хуабэ хъумэ, лыжэ къэжыхьпIэхэр нэхъ пасэу зэхуащIынкIэ хъунущ. Ауэ лэжьыгъэхэм я екIуэкIыкIэр илъэс зыбжанэм тещIыхьауэ къапщтэмэ, мы гъэми уэсыр куэдрэ телъыну ущыгугъ хъунущ. Псалъэм папщIэ, щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэр нэгъабэ махуэ 240-кIэ екIуэкIащ икIи ар щиухар бадзэуэгъуэм и 4-рщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|